JW subtitle extractor

Ныбжьэгъу пэжыр дапхуэдэу зэрыщытыр?

Video Other languages Share text Share link Show times

Ныбжьэгъу пэжкІэ хэт узэджэ хъунур?
Хьэл-щэныфІхэр бгъэлъэгъуэну
къыбдэІэпыкъур
икІи сыт щыгъуи сэбэп
къыпхуэхъуну хьэзырыращ.
Псом хуэмыдэу,
гугъуехь ущыпэщІэтым деж.
Притчи 18:24 зэритым хуэдэу,
апхуэдэ цІыхур къуэшым нэхърэ
нэхъ благъэ пхуэхъуфынущ.
Мис аращ ныбжьэгъу пэжыр.
Апхуэдэ ныбжьэгъу къэбгъуэтыну гугъущ.
Псоми ягу зрибгъэхьыну ухэтмэ,
уи закъуэу укъэнэнкІэ хъунущ.
Сыт-тІэ гу зылъыптэн хуейр,
ныбжьэгъу къыщыхэпхкІэ?
ЦІыхум и теплъэм томыщІыхьу,
ар нэхъыфІу къызэрыпцІыхуным иужь ит.
Дзыхь зыхуэпщІыфын
ныбжьэгъу къэлъыхъуэ,
къыпхуэзыгъэгъу икІи гужьгъэжь
зымыщІ ныбжьэгъу.
Зыщомыгъэгъупщэ:
ныбжьэгъу нэпцІ куэдым нэхърэ
зы ныбжьэгъуфІыр нэхъыфІщ.
Ныбжьэгъу пэж пхуэхъуфынур
укъэзыухъуреихь закъуэхэракъым.
Набдзэгубдзаплъэу щыт
икІи нэгъуэщІхэр
зэрызэбгъэцІыхуным иужь ит.
Уимыгугъэхха цІыхухэр
ныбжьэгъу пхуэхъуфынущ.
Уэ уэщхь дыдэ къомылъыхъуэ.
Уи ныбжьэгъухэм я зэфІэкІымрэ
ягу ирихьымрэ нэгъуэщІынкІэ хъунущ.
Ахэр уэр нэхъ нэхъыжьу е нэхъыщІэу,
нэгъуэщІ лъэпкъым
е культурэм къыхэкІауэ щытыфынущ.
Аращи, рамкэм зомыгъэувэ.
Ауэ зыщомыгъэгъупщэ,
Ныбжьэгъу пэжхэр
принципыфІхэм тетын хуейщ.
Уи ныбжьэгъухэм укъэзыгъэсэбэпа,
щІыбагъкІэ пхуэпсэлъа
е уэр щхьэкІэ Іей зыгъэІуа яхэтауэ пІэрэ?
Уэ нэхъыфІ пхуэфащэщ.
Абы къыхэкІкІэ,
щхъухьым ебгъэщхь хъуну
ныбжьэгъухэм хуэсакъ.
Ахэр зэгупсысыр уэ къыппахыфыныращ.
Ахэр уэ узэрыпсалъэм,
узэрыхуэпам икІи уи фІэщ хъум щодыхьэшх.
Ныбжьэгъу пэжхэр апхуэдэу щыткъым.
Абыхэм уащригъусэкІэ
узэрыщымыт зыпщІын хуейкъым.
Аращи, ныбжьэгъу губзыгъэхэр къыхэх.
ЩІэныгъэшхуэ зиІэхэракъым,
атІэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр
къэзыщтэхэращ.
Апхуэдэ цІыхухэр Алыхьым
и принципхэм тетщ.
Притчи 27:17 зэритым хуэдэу,
ныбжьэгъуфІхэм зым зыр егъасэ,
гъущІым гъущІыр зэригъэжаным хуэдэу.
Ахэр къыбдоІэпыкъу нэхъыфІ ухъуну.
Дауэ-тІэ апхуэдэ ныбжьэгъуфІ
къызэрыбгъуэтынур?
Адрейхэм сыт щыгъуи
гъунэгъу зыкъыпхуащІыну уимыгугъэ.
Уэ езым япэ лъэбакъуэр чыи,
псэлъэн щІэдзэ.
Ауэ хуэсакъ: уи щхьэ закъуэм утемыпсэлъыхь.
Уи ныбжьэгъум упщІэ ети,
абы жиІэм едаІуэ.
ФІыуэ едаІуэ.
Уи ныбжьэгъум узэредаІуэр
тыгъэ хуэпщІыфынухэм я нэхъыфІщ.
Иджы-щэ?
Иджы къару епхьэлІэн хуейщ.
Пэж дыдэу, къару епхьэлІэмэщ
фи зэхуаку дэлъ
зэныбжьэгъугъэр хэхъуэу,
нэхъ быдэ щыхъунур.
Аращи, зызымыгъэгусэ ныбжьэгъу пэжу узэрыщытыным хущІэкъу.
ДэІэпыкъуэгъу ухъуну хьэзыру щыт,
псом хуэмыдэу, зэман гугъум деж.
Абы щыгъуэ фи ныбжьэгъугъэр
махуэ къэс нэхъ быдэ хъунущ.
Филиппи 2:4 зэритым хуэдэу:
«Ди щхьэ закъуэм фІэкІ демыгупсысу
нэгъуэщІхэми дегупсысын хуейщ».
Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ,
аращ ныбжьэгъугъэм къикІыр.
ГъащІэм уэ цІыху куэдым урихьэлІэнущ.
ИкІи абыхэм щыщу хэт уи ныбжьэгъу хъунуми
уэращ унафэ зыщІыжыр.
Аращи, Іущагъ зыхэгъэлъ,
ныбжьэгъу пэжхэр къыхэх.