JW subtitle extractor

Дауэ уи адэ-анэм узэрепсалъэ хъунур?

Video Other languages Share text Share link Show times

Ущысабийм, зыгуэр къызэрыхъуу
занщІэу уи адэ-анэм
деж ужэу къыщІэкІынт.
Ауэ иджыпсту абыхэм
уакъыгурмыІуэу къыпщохъу.
Уи адэ-анэм уепсэлъэну ухуейуэ
псалъэмакъыр къебгъажьэми,
уэ зэрыплъагъумкІэ,
абыхэм уакъыфІэІуэхукъым.
УкІиймэ, гу къыплъатэнкІэ
хъунущ,
ауэ абы щхьэкІэ ахэр
нэхъ къодэІуэнукъым
икІи апхуэдэ псэлъэкІэм
пщІэ хэлъкъым.
Адэ-анэм уемыпсалъэххэнри
хэкІыпІэу къыпщыхъункІэ хъунущ.
Ауэ Притчи тхылъым 15:22
зэрыжиІэмкІэ,
абыкІэ уи щхьэм зэран
ухуэхъужу аращ.
Пэжщ, упсэлъэну узэрыхуэмейм
фІы лъэпкъ къыпэкІуэнукъым.
Абы нэхърэ нэхъыфІщ
зэман хуэкІуэ къыхэпхрэ,
уи адэ-анэм уепсалъэмэ.
Иджыри зы Іэмал щыІэщ:
уи гурыщІэхэр уи адэ-анэм
письмокІэ яхуэпІуатэ хъунущ.
Ауэ Іуэхур нэгъуэщІу щытмэ-щэ?
Адэ-анэр къопсэлъэну хуейуэ,
ауэ уэ ухуэмейуэ.
Псалъэм папщІэ, школым
гугъуехь гуэрхэр ущиІэщ.
Упсэлъэну гукъыдэж уимыІэу
упщІэ куэд къыщыуатым деж,
уэ ар, дауикІ, уфІэфІкъым
икІи фызэпсэлъа хъукъым.
Ар гурыІуэгъуэщ.
Ауэ къыпщыщІыр кІуэцІкІэ бгъэвмэ,
абы уигъэнэщхъеинущ
икІи уи адэ-анэр игъэгузэвэнущ
е зыгуэр убзыщІу къащыхъунущ.
Уэ пфІэгъэщІэгъуэн,
нэхъ уигу ирихь гуэрым теухуауэ
псалъэмакъыр къыщІэбдзэ хъунущ.
Абы и фІыгъэкІэ уи гугъуехьыр
жыпІэфынущ.
Зыщомыгъэгъупщэ:
уи адэ-анэр къыбдэІэпыкъуну хуейщ.
ИкІи абыхэм я дэІэпыкъуэгъум уэ,
дауикІ, ухуэныкъуэщ.
Аращи, жыпІэным егупсыс,
пщІэ хэлъу псалъэ
икІи уи адэ-анэр узэриныбжьэгъур
зыщомыгъэгъупщэ.
Сыт жомыІэми,
гъащІэр гугъущ
икІи къыбдэІэпыкъуфын ныбжьэгъу
пэжхэр уиІэмэ, нэхъыфІщ.