Дапхуэдэу ахъшэр зэрызэбгъэзахуэ хъунур?
Video
Other languages
Share text
Share link
Show times
Hide times
00:00:06
ЛэжьапІэ къэбгъуэтауэ ара?00:00:09
00:00:09
Сыту фІыт!00:00:10
00:00:10
Уи адэ, уи анэри Іэджэуи гуфІэнщ.00:00:12
00:00:13
Уи япэ лэжьапІщІэри къыуатащ.00:00:15
00:00:15
Сыт иджы абыкІэ къэпщэхунур?00:00:17
00:00:17
Пэжщ, ахъшэр димыІэу хъунукъым.00:00:19
00:00:19
ИкІи уэ къызэрыбгурыІуащи,00:00:21
00:00:21
ар къэлэжьыгъуафІэу щыткъым.00:00:23
00:00:23
Ауэ гугъу уехьу къэблэжьамкІэ00:00:25
00:00:25
уэ зыгуэр къэпщэхуфынущ00:00:27
00:00:28
икІи зы щІыпІэхэми укІуэфынущ.00:00:30
00:00:31
Дэ дызыхуэныкъуэм нэмыщІ00:00:34
00:00:34
дызэхъуапсэ гуэрхэри къэтщІэхуну00:00:37
00:00:37
ахъшэм Іэмал къыдитыфынущ.00:00:39
00:00:39
Ауэ ахъшэм теухуауэ00:00:41
00:00:41
убэлэрыгъ хъунукъым.00:00:43
00:00:43
Сыт хуэдэ увыпІэ уэ ахъшэм ептыр?00:00:45
00:00:46
Дэ зи гугъу тщІыр00:00:46
00:00:47
ар щыпхъумэракъым,00:00:48
00:00:48
атІэ абы узэрыхущытыращ.00:00:50
00:00:50
Сыт уэ япэ ибгъэщыр?00:00:52
00:00:53
Алыхьым и пащхьэм
къулей дыщыхъуну00:00:55
00:00:55
Библием дыкъыхуреджэ.00:00:56
00:00:57
Алыхьыр зэгъэцІыху,00:00:58
00:00:58
абы ныбжьэгъу хуэхъу.00:00:59
00:01:00
УиІэмкІэ арэзыуэ ущытыну00:01:02
00:01:02
Алыхьым уригъэсэнущ,00:01:03
00:01:03
уиІэр куэдми, мащІэми.00:01:06
00:01:06
Апхуэдэу уэ ар бгъэгуфІэнущ.00:01:08
00:01:08
Притчи 23:5 зэритымкІэ,00:01:11
00:01:11
ахъшэм дамэ къытекІэнурэ,00:01:14
00:01:14
бгъэ хуарзэу уэгум
ихьэжыфынущ.00:01:16
00:01:16
Аращи, иджыпсту щыщІэдзауэ00:01:19
00:01:19
ахъшэр зэбгъэзахуэу зегъасэ,00:01:21
00:01:21
иужькІэ ухуей хъумэ,00:01:22
00:01:22
ар бгъуэтыжын щхьэкІэ.00:01:24
00:01:24
ЯпэщІыкІэ уи бюджетыр
гъэхьэзыр,00:01:27
00:01:27
нэгъуэщІу жыпІэмэ,00:01:28
00:01:28
къэпщэхун хуейхэм егупсыси,00:01:30
00:01:30
абы текІуэдэнри тхы.00:01:32
00:01:32
ФІы дыдэщ!00:01:34
00:01:34
Иджы уэ узэхъуапсэхэр
къэщІэжыт.00:01:36
00:01:36
Абыхэм я уасэри тхыт.00:01:38
00:01:38
КъыщІидзар дауэ къыпщыхъурэ?00:01:40
00:01:41
Иджы ар тхьэмахуэм
къэблэжьым егъапщэт.00:01:43
00:01:44
Ааа, бюджетым уикІа?00:01:46
00:01:47
А узэхъуапсэхэм уи ахъшэу хъуар00:01:49
00:01:49
тебгъэкІуэдэн ипэ егупсысыт: 00:01:51
00:01:51
пэж дыдэу абыхэм ухуэныкъуэ?00:01:53
00:01:53
ТІэкІу зыхуэпхьэсмэ,00:01:54
00:01:54
мынэхъыфІу пІэрэ?00:01:55
00:01:55
Хэт ищІэрэ, ахъшэм Іейуэ ущыхуэныкъуэ 00:01:57
00:01:57
Іуэхугъуэ уихуэнкІэ хъунщ.00:01:59
00:01:59
Экклезиаст 10:11 щыжыІащ00:02:02
00:02:02
зэманымрэ къэхъукъащІэмрэ
куэд зэрелъытар.00:02:05
00:02:06
Пэжщ, гъащІэм узэмыжьа00:02:07
00:02:07
Іуэхугъуэ куэдым упэщІэхуэфынущ.00:02:09
00:02:09
Аращи, гъэтІылъауэ зыгуэр
уиІэмэ нэхъыфІщ,00:02:11
00:02:12
уи щхьэ щхьэкІэ00:02:12
00:02:13
е нэгъуэщІым удэІэпыкъуфын
щхьэкІэ.00:02:15
00:02:15
Абы нэмыщІ уэ хьэпшып
лъапІэ гуэри00:02:17
00:02:17
ухуэныкъуэнкІи хъунщ.00:02:18
00:02:19
ИкІи ар тхьэмахуэм, мазэм,00:02:20
00:02:20
уеблэмэ, илъэсым
къриубыдэу къэблэжьым00:02:23
00:02:23
къыщІэмыкІынкІэ хъунщ.00:02:24
00:02:24
Аращи, тхьэмахуэ къэс
ахъшэ бгъэтІылъмэ...00:02:27
00:02:27
Зэт-зэт, уемыжьэми
хъунущ жыпІа?00:02:30
00:02:30
Ааа, кредит зи гугъу пщІыр?00:02:33
00:02:33
Ар хэкІыпІэу къэплъытэрэ?00:02:34
00:02:35
Абы процент зэрытехьэм
хэпщІыкІрэ уэ?00:02:37
00:02:37
ИкІи а процентыр мащІэкъым.00:02:39
00:02:40
ДауикІ, уимыахъшэр
бгъэкІуэдыну тыншщ,00:02:42
00:02:42
ауэ итІанэ ар щептыжкІэ00:02:44
00:02:44
куэдкІэ нэхъыбэ ептыжын
хуей хъунущ.00:02:47
00:02:47
КредиткІэ зэхуэпхьэса щІыхуэхэр00:02:49
00:02:49
пхуемытыжурэ, пхуемытыжурэ,00:02:51
00:02:51
кІуэм кІуэурэ илъэс
куэд дэкІыфынущ.00:02:54
00:02:54
Аращи, ахъшэр зытебгъэкІуэдэнухэр
псори тхы,00:02:58
00:02:58
уи бюджетым уимыкІ,00:02:59
00:03:00
узэмыжьа гуэрхэм щхьэкІэ00:03:01
00:03:01
гъэтІылъауэ ахъшэ зигъэІэ00:03:03
00:03:03
икІи щІыхуэ зэрызытомыгъэхуэным
хущІэкъу.00:03:05
00:03:05
Апхуэдэу пщІэмэ,00:03:07
00:03:07
Алыхьым теухуауэ къэпщІэну
зэман нэхъыбэ уиІэнущ.00:03:10
00:03:10
Мис апхуэдэущ00:03:11
00:03:11
ахъшэр зэрызэбгъэзахуэ хъунур.00:03:13
Дапхуэдэу ахъшэр зэрызэбгъэзахуэ хъунур?
-
Дапхуэдэу ахъшэр зэрызэбгъэзахуэ хъунур?
ЛэжьапІэ къэбгъуэтауэ ара?
Сыту фІыт!
Уи адэ, уи анэри Іэджэуи гуфІэнщ.
Уи япэ лэжьапІщІэри къыуатащ.
Сыт иджы абыкІэ къэпщэхунур?
Пэжщ, ахъшэр димыІэу хъунукъым.
ИкІи уэ къызэрыбгурыІуащи,
ар къэлэжьыгъуафІэу щыткъым.
Ауэ гугъу уехьу къэблэжьамкІэ
уэ зыгуэр къэпщэхуфынущ
икІи зы щІыпІэхэми укІуэфынущ.
Дэ дызыхуэныкъуэм нэмыщІ
дызэхъуапсэ гуэрхэри къэтщІэхуну
ахъшэм Іэмал къыдитыфынущ.
Ауэ ахъшэм теухуауэ
убэлэрыгъ хъунукъым.
Сыт хуэдэ увыпІэ уэ ахъшэм ептыр?
Дэ зи гугъу тщІыр
ар щыпхъумэракъым,
атІэ абы узэрыхущытыращ.
Сыт уэ япэ ибгъэщыр?
Алыхьым и пащхьэм
къулей дыщыхъуну
Библием дыкъыхуреджэ.
Алыхьыр зэгъэцІыху,
абы ныбжьэгъу хуэхъу.
УиІэмкІэ арэзыуэ ущытыну
Алыхьым уригъэсэнущ,
уиІэр куэдми, мащІэми.
Апхуэдэу уэ ар бгъэгуфІэнущ.
Притчи 23:5 зэритымкІэ,
ахъшэм дамэ къытекІэнурэ,
бгъэ хуарзэу уэгум
ихьэжыфынущ.
Аращи, иджыпсту щыщІэдзауэ
ахъшэр зэбгъэзахуэу зегъасэ,
иужькІэ ухуей хъумэ,
ар бгъуэтыжын щхьэкІэ.
ЯпэщІыкІэ уи бюджетыр
гъэхьэзыр,
нэгъуэщІу жыпІэмэ,
къэпщэхун хуейхэм егупсыси,
абы текІуэдэнри тхы.
ФІы дыдэщ!
Иджы уэ узэхъуапсэхэр
къэщІэжыт.
Абыхэм я уасэри тхыт.
КъыщІидзар дауэ къыпщыхъурэ?
Иджы ар тхьэмахуэм
къэблэжьым егъапщэт.
Ааа, бюджетым уикІа?
А узэхъуапсэхэм уи ахъшэу хъуар
тебгъэкІуэдэн ипэ егупсысыт:
пэж дыдэу абыхэм ухуэныкъуэ?
ТІэкІу зыхуэпхьэсмэ,
мынэхъыфІу пІэрэ?
Хэт ищІэрэ, ахъшэм Іейуэ ущыхуэныкъуэ
Іуэхугъуэ уихуэнкІэ хъунщ.
Экклезиаст 10:11 щыжыІащ
зэманымрэ къэхъукъащІэмрэ
куэд зэрелъытар.
Пэжщ, гъащІэм узэмыжьа
Іуэхугъуэ куэдым упэщІэхуэфынущ.
Аращи, гъэтІылъауэ зыгуэр
уиІэмэ нэхъыфІщ,
уи щхьэ щхьэкІэ
е нэгъуэщІым удэІэпыкъуфын
щхьэкІэ.
Абы нэмыщІ уэ хьэпшып
лъапІэ гуэри
ухуэныкъуэнкІи хъунщ.
ИкІи ар тхьэмахуэм, мазэм,
уеблэмэ, илъэсым
къриубыдэу къэблэжьым
къыщІэмыкІынкІэ хъунщ.
Аращи, тхьэмахуэ къэс
ахъшэ бгъэтІылъмэ...
Зэт-зэт, уемыжьэми
хъунущ жыпІа?
Ааа, кредит зи гугъу пщІыр?
Ар хэкІыпІэу къэплъытэрэ?
Абы процент зэрытехьэм
хэпщІыкІрэ уэ?
ИкІи а процентыр мащІэкъым.
ДауикІ, уимыахъшэр
бгъэкІуэдыну тыншщ,
ауэ итІанэ ар щептыжкІэ
куэдкІэ нэхъыбэ ептыжын
хуей хъунущ.
КредиткІэ зэхуэпхьэса щІыхуэхэр
пхуемытыжурэ, пхуемытыжурэ,
кІуэм кІуэурэ илъэс
куэд дэкІыфынущ.
Аращи, ахъшэр зытебгъэкІуэдэнухэр
псори тхы,
уи бюджетым уимыкІ,
узэмыжьа гуэрхэм щхьэкІэ
гъэтІылъауэ ахъшэ зигъэІэ
икІи щІыхуэ зэрызытомыгъэхуэным
хущІэкъу.
Апхуэдэу пщІэмэ,
Алыхьым теухуауэ къэпщІэну
зэман нэхъыбэ уиІэнущ.
Мис апхуэдэущ
ахъшэр зэрызэбгъэзахуэ хъунур.
-