JW subtitle extractor

Ахэр уи ныбжьэгъу хъуфынущ

Video Other languages Share text Share link Show times

Сэ си цІэр Акилщ.
Сэ илъэс 18 сыщыхъум,
ди унагъуэр нэгъуэщІ
къалэ Іэпхъуащ.
Си ныбжьэгъухэр
къэзгъэнэну тынштэкъым
икІи ныбжьэгъущІэхэр къысхуэгъуэтыну
си фІэщ хъутэкъым.
Си адэ, си анэр арэзы хуэдэти,
я жагъуэ сымыщІын щхьэкІэ,
дызэрыІэпхъуар къызэрызэгугъуэкІыр
яжесІэтэкъым.
ШколыщІэри сигу ирихьыщэтэкъым.
Ауэ итІанэ Камерон къэсцІыхуащ.
ЩІалэ Іей хуэдэтэкъым ар.
Куэд мыщІэу абы и ныбжьэгъухэр
сэри си ныбжьэгъу хъуащ.
ИкІи Даут ар и фІэщ зэрыхъум
щыхьэт техъуэт абы ныбжьэгъуу
къыхих цІыхухэр.
Даутрэ Ионафанрэ
я зэхуаку дэлъа зэныбжьэгъугъэр
дигу къэдгъэкІыжынщ.
СыткІэ зэщхьт ахэр?
ДауикІ, ныбжькІэтэкъым.
Акил, зэІущІэм дызэрыщІэсым хуэдэу
зыгуэрым ухуэтхащ.
Пэжщ, сэ апхуэдэу
сщІэн хуеякъым.
Къысхуэвгъэгъу.
Ауэ Камерон щІалэ Іей хуэдэкъым.
Библиер иджыну
щІидзэнкІэ хъунущ.
УкъызгуроІуэ Акил.
Ауэ Иеговэ фІыуэ
зымылъагъухэм дэ зэман
тедгъэкІуадэм дыкІэлъыплъын хуейщ.
Абыхэм нэгъуэщІ еплъыкІэщ яІэр.
Притчи 13:20 итыр пщІэжрэ?
«Іущхэм ныбжьэгъу хуэхъур
Іущ хъунущ».
Иеговэ фІыуэ зылъагъу ныбжьэгъу
къэбгъуэтмэ нэхъыфІкъэ?
Ахэр сыт щыгъуи
уи ныбжьэгъуу щытынущ.
Дауэ къызэрызгъуэтынур?
Зэхуэсым сэ си ныбжь зыри хэткъым.
Акил, уимыгугъахэри ныбжьэгъуфІ
пхуэхъуфынущ.
Мамэ, сэ ныбжьэгъуфІхэр сиІащ.
ДымыІэпхъуэ щІыкІэ.
А пщыхьэщхьэр псоми
къыдэгугъуэкІащ.
КъыкІэлъыкІуэ махуэм
Камерон и вечеринкэр
зэрекІуэкІа сурэтхэр кърилъхьащ.
Си адэ-анэм жаІар пэжт.
Камеронрэ абы и ныбжьэгъухэмрэ
афІэкІа згъэныбжьэгъужакъым.
Ауэ сэ иджыри
закъуэныгъэ зыхэсщІэт.
Сэлам, Акил.
Щэбэтым хъыбарыфІыр бгъэІуну
зыгуэрым угурыІуа?
Хьэуэ.
НтІэ, угурыІуауэ бжы.
Пщэдджыжьым зэІущІэм дызэхуэзэнщ.
Тэмэм?
ХъыбарыфІыр дгъэІуа нэужь,
дэ псори тІэкІу дедзэкъэну
Макс деж дыкІуащ.
Мыр уэра тезыхар?
Уигу ирихьрэ?
НтІэ.
Си щхьэгъусэм.
Абы сытым дежи
зыгуэрхэм сурэт
трихыну ифІэфІт.
Зэгуэр абы сурэттех
къысхуищэхуат.
Абы лъандэрэ
сэри абы сыдихьэхащ.
Сыту зэманыр псынщІэу кІуэрэ.
Илъэс 12 дэкІащ
ар дунейм зэрехыжрэ.
Іейуэ си жагъуэщ.
Упсэу.
Уэ иджыри сурэт тепхыу ара?
НтІэ.
Сэ икъукІэ сигу ирохь сурэт тесхыну.
Иеговэ къигъэщІам сурэт щытесхкІэ,
абы нэхъ гъунэгъу сыхуохъу.
Дэ дызэримызакъуэр
сэ сщымыгъупщэну
ар къыздоІэпыкъу.
Аращ, Акил.
Уимыгугъа цІыхухэр
ныбжьэгъуфІ пхуэхъуфынущ,
абыхэм я ныбжьым емылъытауэ.
Макс нэхъыбэу сригъусэху,
сэ къызгурыІуэт дэ
Даутрэ Ионафанрэ дызэрещхьыр.
Ахэр ныбжькІэ зэхуэмыдэми,
тІуми Иеговэ фІыуэ ялъагъути,
я зэхуаку ныбжьэгъугъэ
быдэ дэлъащ.
ИкІи ахэр зыр зым дэІэпыкъут.
Иеговэ сызэрыхуэлажьэр нэхъыфІу
зэтезухуэну Макс къыздэІэпыкъуащ.
Ар си ныбжьу щымытами,
ныбжьэгъуфІ дызэхуэхъуащ.
Сэ сыкъэзыухъуреихь цІыхухэр
къэслъэгъун хуейуэ арат.