JW subtitle extractor

Зэщхьэгъусэхэм я нэчыхьыр дауэ нэхъ быдэ зэращІыфынур?

Video Other languages Share text Share link Show times

Сэ си цІэр Киарэщ.
Мыр си щхьэгъусэ Шаанщ.
Ди къуэ Акил хъыбарыфІыр
нэгъуэщІ щІыпІэ щигъэІуну
зэрыкІуэрэ куэд щІакъым.
Япэм щыгъуэ ди унэм гуфІэгъуэр щІэзт.
Ауэ иджыпсту апхуэдэу щытыжкъым.
Сэ а зэманым зыкІэ сыхуозэшри.
Ауэ ди унэм гуфІэгъуэ макъ
щІыщІэмытыжым иджыри
зы щхьэусыгъуэ иІэщ.
Шаанрэ сэрэ ди зэхуаку
дэлъ зэхущытыкІэр
нэхъ щІыІэ хъууэ къысщохъу.
Сэ абы теухуауэ Шаан сепсэлъэну сыхэтащ,
ауэ абы зыри къикІакъым.
Акил нэгъуэщІ щІыпІэ зэрыкІуэрэ
Киарэрэ сэрэ зэпэжыжьэ
дызэрыхъур зыхэсщІэт.
Абы зыкІэ зихъуэжащи!
Сыту сэ сыхуейт ар япэм
хуэдэу нэфІэгуфІэу щытыжыну.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи,
дэ ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр
упщІыІуу щІидзащ.
Ди къуэми абы гу лъитащ.
Фэ дауэ фыщыт, псори тэмэм?
Фи щытыкІэр сигу ирихькъым.
Псори тэмэмщ, фІы дыдэщ.
Пэжкъэ?
НтІэ, нтІэ, тэмэмщ.
Дэ пэж дыдэу зэпэжыжьэ
дызэрызэхуэхъуар зыхэтщІэт.
Ауэ дэ абы мыхьэнэ едмытурэ,
ди щхьэр къэдгъэпцІэжт.
Дэ дызэпсалъэри, ди гум
илъыр зэхуэтІуэтащ
икІи къыдгурыІуащ ди унагъуэр
къутэным тІэкІунитІэ
фІэкІ къызэрымынэжар.
Іэмал имыІэу зыгуэр
зэрытщІэн хуейр къыдгурыІуэт.
Дэ Рим 12:10 итым дыкъеджащ.
Дэ дегупсысащ Ибрэхьимрэ
Саррэрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкІэм.
Ахэр гуэныхьлыуэ щытами,
зым жиІэм адрейр едаІуэт
икІи я зэхуаку дэлъ
лъагъуныгъэр ягъэлъагъуэт.
Сэ Киарэ жесІащ:
«Зыгуэр зэрысхъуэжын хуейр къызгуроІуэ».
Пэж дыдэу, зысхъуэжыну сыхуейт,
сыт щхьэкІэ жыпІэмэ
сэ ар фІыуэ солъагъу.
Сэ Шаан жесІащ:
«Зэгъусэу ди гугъуехьым
дыпэщІэтынщ».
ИкІи аращ тщІар.
Мыгувэу дэ пионер
лэжьыгъэр зэгъусэу къэтщтащ.
Иджы дызытепсэлъыхьын темэ дэ диІэт.
Япэм гу зылъызмытэу щыта
Киарэ и хьэл-щэнхэр
иджы къэслъэгъуащ.
Ибрэхьимрэ Саррэрэ ещхьу,
дэри ди Іуэхур гугъуехьыншэу
жыпІэ хъунутэкъым,
ауэ Библием ит принципхэр
ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпыну
къару етхьэлІащ икІи
ди гугъуехьми дыпэлъэщащ,
ди зэхущытыкІэри куэдкІэ нэхъыфІ хъуащ.