«ХъумакІуэ чэщанэм» ит гупсысэ щхьэпэхэр. Зэкъуэтыныгъэ зэрымылъ дунейм нейтралитетыр щыхъумэ
Video
Other languages
Share text
Share link
Show times
Hide times
00:00:14
Сэ экономикэм зэрыхуезгъаджэм00:00:16
00:00:16
икІи Хьисэ и лъэужь
сызэрырикІуэм къыхэкІкІэ00:00:19
00:00:19
дунейм къыщекІуэкІым
хэсщІыкІын хуейщ.00:00:21
00:00:21
Политикэм теухуауэ00:00:22
00:00:23
зыми и лъэныкъуэр
умыубыдыныр гугъущ,00:00:25
00:00:25
псом хуэмыдэу00:00:26
00:00:26
фІыуэ зыхэпщІыкІ гуэрым щытепсэлъыхьым деж.00:00:28
00:00:29
Сэ сызэрыцІыкІурэ футбол сфІэфІщ.00:00:31
00:00:32
Сэ сыкъыздэхъуар район тхьэмыщкІэти,00:00:34
00:00:34
зэрызыбгъэпсэху Іэмэлу
нэхъ щыІэр футболырат.00:00:37
00:00:37
Сэ зы журналист гуэрым
и тхыгъэхэр сигу ирихьт.00:00:40
00:00:42
Ар политикэм фІы и лъэныкъуэкІи00:00:44
00:00:45
Іей и лъэныкъуэкІи тепсэлъыхьт.00:00:46
00:00:48
Ауэ зы парт гуэрым00:00:49
00:00:49
абы Іей фІэкІа щыхужимыІам,00:00:51
00:00:51
сэ ар сигу ирихьакъым.00:00:52
00:00:52
Сэ къалэм и кум сыщопсэу.00:00:54
00:00:54
Мы районым щыпсэу цІыхухэр00:00:56
00:00:56
политикэм хуабжьу хопсэлъыхь00:00:57
00:00:58
икІи я еплъыкІэр жаІэн щхьэкІэ00:01:00
00:01:00
щІэх-щІэхыурэ демонстрациехэр
ирагъэкІуэкІ.00:01:02
00:01:03
Дэ нейтралитетыр зэрытІыгъын
хуейр сщІэжу щытми,00:01:06
00:01:06
сигукІэ демонстрацие ящІхэм
арэзы сытехъуэт.00:01:09
00:01:12
Укъызэплъамэ командэ гуэрым 00:01:14
00:01:14
сыдэщІу фэ стеттэкъым.00:01:15
00:01:15
Ауэ сэ сигукІэ жысІэт:00:01:17
00:01:17
«Еуэ, еуэ! 00:01:19
00:01:19
ФытемыкІуэу хъунукъым!»00:01:20
00:01:20
Дэтхэнэ зы болельщикым хуэдэу,00:01:22
00:01:22
дэ ди сборнэм сыкъыдэщІт00:01:24
00:01:24
икІи текІуэныгъэ къихьхэм срипагэт.00:01:26
00:01:27
Сэ сегупсыст00:01:28
00:01:28
апхуэдэ гурыщІэ сыщІиІэр00:01:30
00:01:30
Езы Иеговэ хуэдэу захуагъэ схэлъу 00:01:32
00:01:32
сыкъигъэщІащи аращ, жысІэу.00:01:34
00:01:35
Апхуэдэ демонстрациехэм умыкІуэмэ,00:01:37
00:01:37
абыхэм дапхуэдэу уахущытми
хъуну сэ къэслъытэт.00:01:40
00:01:40
2016-нэ гъэм, мэлыжьыхьым къыдэкІа 00:01:42
00:01:43
«ХъумакІуэ чэщанэм»00:01:44
00:01:44
мыпхуэдэ гупсысэ гъэщІэгъуэн итт:00:01:46
00:01:46
«Нейтралитетым хохьэ
нэгъуэщІым нэхърэ00:01:48
00:01:48
уэ уи щхьэр нэхъыфІу
умылъытэныр,00:01:50
00:01:50
сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, 00:01:51
00:01:51
Алыхьым и нэкІэ00:01:52
00:01:52
цІыху псори зэхуэдэщ».00:01:54
00:01:54
А статьям сыщеджам щыгъуэ00:01:56
00:01:56
сэ къызгурыІуащ,00:01:57
00:01:57
нейтралитетым нэгъэсауэ
сызэрытемытыр00:01:59
00:01:59
икІи зыгуэр схъуэжын зэрыхуейр.00:02:01
00:02:01
А статьям зэ седжэжри,00:02:03
00:02:03
Иеговэ фІыщІэ хуэсщІащ.00:02:05
00:02:05
Ар сэ схуригъэтхауэ
фІэкІ пщІэнтэкъым!00:02:06
00:02:07
А журналым итам
сэ куэд къызгуригъэІуащ.00:02:10
00:02:11
Сэ сощІэж нейтралитетым
теухуауэ абы ита статьям00:02:14
00:02:14
щэнейрэ зэкІэлъыпыту сыкъызэреджар.00:02:17
00:02:17
Сэ Іейуэ згъэщІэгъуат00:02:18
00:02:18
Алыхьым и еплъыкІэм 00:02:20
00:02:20
куэдкІэ сэ си еплъыкІэр
къызэрыщхьэщыкІыр.00:02:22
00:02:22
А статьяр иджыри 00:02:23
00:02:24
хъыбарыщІэхэм дазэрыхущытын
хуейм тепсэлъыхьт.00:02:26
00:02:27
Абы щыжыІат политикэм
теухуа статьяхэм дызэреджэм,00:02:30
00:02:30
передачэхэм дызэреплъым00:02:32
00:02:32
тедгъэкІуадэ зэманым
дыкІэлъыплъыну.00:02:34
00:02:34
Абы ита зы гупсысэ
иджыри Іейуэ си гум хыхьащ:00:02:37
00:02:37
дауикІ, зыкъэзыІэтахэм дэ дахыхьэнукъым,00:02:40
00:02:40
ауэ абыхэм ящІэр
дигукІэ ядэдмыІыгъыну пІэрэ?00:02:42
00:02:42
Ар дыдэрат сэри сщІэр!00:02:44
00:02:44
Сэ схуатха фІэкІ умыщІэу,00:02:46
00:02:46
а статьям иджыри
нэгъуэщІ гупсысэхэри хэтащ.00:02:49
00:02:50
Сэ хъыбарыщІэхэм сызэреплъым00:02:52
00:02:52
тезгъэкІуадэ зэманыр
нэхъ мащІэ сщІати,00:02:54
00:02:54
ар къыздэІэпыкъуащ къыздэлажьэхэр 00:02:57
00:02:57
политикэм щытепсэлъыхьым деж,00:02:58
00:02:59
я псалъэмакъым сыхэмыІэбэну.00:03:00
00:03:01
ТелевизоркІэ къата хъыбарыщІэ гуэрым00:03:03
00:03:03
къыздэлажьэхэр щытепсэлъыхьым,00:03:05
00:03:05
сэ абы зыри хэсщІыкІтэкъыми,00:03:07
00:03:07
жысІэн сиІэтэкъым.00:03:08
00:03:09
«Иужьрей хъыбарыщІэхэр
плъэгъуа?» жаІэу00:03:11
00:03:12
зыгуэр къыщызэупщІым деж,00:03:13
00:03:14
«слъэгъуакъым» жысІэти,00:03:15
00:03:15
абдеж ди псалъэмакъым щиухт.00:03:17
00:03:18
Статьям Рим 10:12 къыщыхьат.00:03:21
00:03:21
Абы итт Иеговэ псоми
и Зиусхьэну зэрыщытыр00:03:24
00:03:24
икІи журтымрэ алыджымрэ
яку зэхэгъэж зэрыдэмылъыр.00:03:28
00:03:28
Иеговэ и дежкІэ мыхьэнэ иІэкъым00:03:30
00:03:30
сэ си къэралым футболымкІэ
дапхуэдиз текІуэныгъэ иІэми.00:03:33
00:03:33
Абы и дежкІэ цІыху псори зыщ.00:03:36
00:03:36
Сэ тетрадь напэ къасщтэри,00:03:39
00:03:39
а статьям хэта гупсысэ
нэхъыщхьиплІыр стхащ.00:03:42
00:03:43
А чэнджэщхэр сэ къыздоІэпыкъу00:03:45
00:03:45
нейтралитетыр схъумэну.00:03:46
00:03:47
А тетрадь напэр
си сумкэм дэлъу къыздызохьэкІ,00:03:50
00:03:50
хуей сыхъумэ, лэжьапІэм
сыщеджэжыфын щхьэкІэ.00:03:53
00:03:56
Пэжщ, сэ футболыр сфІэфІщ,00:03:58
00:03:58
сэ иджыри къыздэсым00:03:59
00:03:59
футболым телевизоркІэ соплъ00:04:01
00:04:01
икІи Вефилым си ныбжьэгъухэм
я гъусэу соджэгу.00:04:04
00:04:04
Ауэ абы хузиІэ еплъыкІэр схъуэжын щхьэкІэ,00:04:06
00:04:06
къару куэд есхьэлІащ00:04:08
00:04:08
икІи абы увыпІэ иІыгъын
хуейращ иІыгъыр.00:04:12
00:04:12
Ар сэ къыздоІэпыкъу
пагэу сыщымытыну 00:04:15
00:04:15
икІи зэхэгъэж сымыщІыну.00:04:17
00:04:17
А статьям и фІыгъэкІэ сэ зезгъэсащ 00:04:19
00:04:19
политикэм теухуауэ
си еплъыкІэр жызмыІэну00:04:22
00:04:22
икІи абы сызэрыхущытым
сегупсысыжащ.00:04:25
00:04:25
Гугъуехь псор Алыхьым
и Пащтыхьыгъуэм фІэкІ 00:04:26
00:04:27
нэгъуэщІым зыми зэрыІуимыхыфынур00:04:29
00:04:30
быдэу си фІэщ хъумэ,00:04:30
00:04:31
нэгъуэщІым и лъэныкъуэ сыубыдынукъым00:04:33
00:04:33
икІи си гурыщІэхэм сыхуэсакъынущ.00:04:35
00:04:35
Сэ гъащІэм къыщыбгъэсэбэпыфыну
чэнджэщхэр00:04:38
00:04:38
зэрыт статьяхэр икъукІэ сфІэфІщ.00:04:40
00:04:40
Библиер гъуджэм хуэдэщ.00:04:42
00:04:42
Ар къыздоІэпыкъу00:04:43
00:04:43
сыт схъуэжын хуейми слъагъуну.00:04:45
00:04:45
Сэ а статьям ит чэнджэщхэр
къэзгъэсэбэпащи,00:04:48
00:04:48
тегушхуэныгъэ схэлъу
цІыхухэм яжызоІэф00:04:50
00:04:51
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм
фІэкІ нэгъуэщІым зыми00:04:54
00:04:54
цІыхухэм я гугъуехьым кІэ къызэрыхуимыгъэкІуэфынур.00:04:57
«ХъумакІуэ чэщанэм» ит гупсысэ щхьэпэхэр. Зэкъуэтыныгъэ зэрымылъ дунейм нейтралитетыр щыхъумэ
-
«ХъумакІуэ чэщанэм» ит гупсысэ щхьэпэхэр. Зэкъуэтыныгъэ зэрымылъ дунейм нейтралитетыр щыхъумэ
Сэ экономикэм зэрыхуезгъаджэм
икІи Хьисэ и лъэужь
сызэрырикІуэм къыхэкІкІэ
дунейм къыщекІуэкІым
хэсщІыкІын хуейщ.
Политикэм теухуауэ
зыми и лъэныкъуэр
умыубыдыныр гугъущ,
псом хуэмыдэу
фІыуэ зыхэпщІыкІ гуэрым щытепсэлъыхьым деж.
Сэ сызэрыцІыкІурэ футбол сфІэфІщ.
Сэ сыкъыздэхъуар район тхьэмыщкІэти,
зэрызыбгъэпсэху Іэмэлу
нэхъ щыІэр футболырат.
Сэ зы журналист гуэрым
и тхыгъэхэр сигу ирихьт.
Ар политикэм фІы и лъэныкъуэкІи
Іей и лъэныкъуэкІи тепсэлъыхьт.
Ауэ зы парт гуэрым
абы Іей фІэкІа щыхужимыІам,
сэ ар сигу ирихьакъым.
Сэ къалэм и кум сыщопсэу.
Мы районым щыпсэу цІыхухэр
политикэм хуабжьу хопсэлъыхь
икІи я еплъыкІэр жаІэн щхьэкІэ
щІэх-щІэхыурэ демонстрациехэр
ирагъэкІуэкІ.
Дэ нейтралитетыр зэрытІыгъын
хуейр сщІэжу щытми,
сигукІэ демонстрацие ящІхэм
арэзы сытехъуэт.
Укъызэплъамэ командэ гуэрым
сыдэщІу фэ стеттэкъым.
Ауэ сэ сигукІэ жысІэт:
«Еуэ, еуэ!
ФытемыкІуэу хъунукъым!»
Дэтхэнэ зы болельщикым хуэдэу,
дэ ди сборнэм сыкъыдэщІт
икІи текІуэныгъэ къихьхэм срипагэт.
Сэ сегупсыст
апхуэдэ гурыщІэ сыщІиІэр
Езы Иеговэ хуэдэу захуагъэ схэлъу
сыкъигъэщІащи аращ, жысІэу.
Апхуэдэ демонстрациехэм умыкІуэмэ,
абыхэм дапхуэдэу уахущытми
хъуну сэ къэслъытэт.
2016-нэ гъэм, мэлыжьыхьым къыдэкІа
«ХъумакІуэ чэщанэм»
мыпхуэдэ гупсысэ гъэщІэгъуэн итт:
«Нейтралитетым хохьэ
нэгъуэщІым нэхърэ
уэ уи щхьэр нэхъыфІу
умылъытэныр,
сыт щхьэкІэ жыпІэмэ,
Алыхьым и нэкІэ
цІыху псори зэхуэдэщ».
А статьям сыщеджам щыгъуэ
сэ къызгурыІуащ,
нейтралитетым нэгъэсауэ
сызэрытемытыр
икІи зыгуэр схъуэжын зэрыхуейр.
А статьям зэ седжэжри,
Иеговэ фІыщІэ хуэсщІащ.
Ар сэ схуригъэтхауэ
фІэкІ пщІэнтэкъым!
А журналым итам
сэ куэд къызгуригъэІуащ.
Сэ сощІэж нейтралитетым
теухуауэ абы ита статьям
щэнейрэ зэкІэлъыпыту сыкъызэреджар.
Сэ Іейуэ згъэщІэгъуат
Алыхьым и еплъыкІэм
куэдкІэ сэ си еплъыкІэр
къызэрыщхьэщыкІыр.
А статьяр иджыри
хъыбарыщІэхэм дазэрыхущытын
хуейм тепсэлъыхьт.
Абы щыжыІат политикэм
теухуа статьяхэм дызэреджэм,
передачэхэм дызэреплъым
тедгъэкІуадэ зэманым
дыкІэлъыплъыну.
Абы ита зы гупсысэ
иджыри Іейуэ си гум хыхьащ:
дауикІ, зыкъэзыІэтахэм дэ дахыхьэнукъым,
ауэ абыхэм ящІэр
дигукІэ ядэдмыІыгъыну пІэрэ?
Ар дыдэрат сэри сщІэр!
Сэ схуатха фІэкІ умыщІэу,
а статьям иджыри
нэгъуэщІ гупсысэхэри хэтащ.
Сэ хъыбарыщІэхэм сызэреплъым
тезгъэкІуадэ зэманыр
нэхъ мащІэ сщІати,
ар къыздэІэпыкъуащ къыздэлажьэхэр
политикэм щытепсэлъыхьым деж,
я псалъэмакъым сыхэмыІэбэну.
ТелевизоркІэ къата хъыбарыщІэ гуэрым
къыздэлажьэхэр щытепсэлъыхьым,
сэ абы зыри хэсщІыкІтэкъыми,
жысІэн сиІэтэкъым.
«Иужьрей хъыбарыщІэхэр
плъэгъуа?» жаІэу
зыгуэр къыщызэупщІым деж,
«слъэгъуакъым» жысІэти,
абдеж ди псалъэмакъым щиухт.
Статьям Рим 10:12 къыщыхьат.
Абы итт Иеговэ псоми
и Зиусхьэну зэрыщытыр
икІи журтымрэ алыджымрэ
яку зэхэгъэж зэрыдэмылъыр.
Иеговэ и дежкІэ мыхьэнэ иІэкъым
сэ си къэралым футболымкІэ
дапхуэдиз текІуэныгъэ иІэми.
Абы и дежкІэ цІыху псори зыщ.
Сэ тетрадь напэ къасщтэри,
а статьям хэта гупсысэ
нэхъыщхьиплІыр стхащ.
А чэнджэщхэр сэ къыздоІэпыкъу
нейтралитетыр схъумэну.
А тетрадь напэр
си сумкэм дэлъу къыздызохьэкІ,
хуей сыхъумэ, лэжьапІэм
сыщеджэжыфын щхьэкІэ.
Пэжщ, сэ футболыр сфІэфІщ,
сэ иджыри къыздэсым
футболым телевизоркІэ соплъ
икІи Вефилым си ныбжьэгъухэм
я гъусэу соджэгу.
Ауэ абы хузиІэ еплъыкІэр схъуэжын щхьэкІэ,
къару куэд есхьэлІащ
икІи абы увыпІэ иІыгъын
хуейращ иІыгъыр.
Ар сэ къыздоІэпыкъу
пагэу сыщымытыну
икІи зэхэгъэж сымыщІыну.
А статьям и фІыгъэкІэ сэ зезгъэсащ
политикэм теухуауэ
си еплъыкІэр жызмыІэну
икІи абы сызэрыхущытым
сегупсысыжащ.
Гугъуехь псор Алыхьым
и Пащтыхьыгъуэм фІэкІ
нэгъуэщІым зыми зэрыІуимыхыфынур
быдэу си фІэщ хъумэ,
нэгъуэщІым и лъэныкъуэ сыубыдынукъым
икІи си гурыщІэхэм сыхуэсакъынущ.
Сэ гъащІэм къыщыбгъэсэбэпыфыну
чэнджэщхэр
зэрыт статьяхэр икъукІэ сфІэфІщ.
Библиер гъуджэм хуэдэщ.
Ар къыздоІэпыкъу
сыт схъуэжын хуейми слъагъуну.
Сэ а статьям ит чэнджэщхэр
къэзгъэсэбэпащи,
тегушхуэныгъэ схэлъу
цІыхухэм яжызоІэф
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм
фІэкІ нэгъуэщІым зыми
цІыхухэм я гугъуехьым кІэ къызэрыхуимыгъэкІуэфынур.
-