JW subtitle extractor

«Мамырыгъэм и пщым» и лъэныкъуэр быдэу фыубыд

Video Other languages Share text Share link Show times

Сэ мы дунейм и Іыхьэу
сыщыткъым.
Ауэ мы дунейм и Іыхьэ гуэр
сэ схэмылъу пІэрэ?
КІуэ пэтми нейтралитетыр пхъумэну
нэхъ гугъу хъуурэ макІуэ.
Псом хуэмыдэу гугъущ
ар сэ къыщыcлъэІэсым деж.
Дунейр щауцІэпІым деж,
экономикэм пыщІа гугъуехьхэр
щыплъагъум деж.
Абы си гум илъ мамырыгъэр
сфІигъэкІуэдыфынущ
икІи си гупсысэкІэм зэран
хуэхъуфынущ.
УмыщІэххэу уигукІэ
зыгуэрым и лъэныкъуэр
бубыдынкІэ шынагъэ щыІэщ.
Ауэ ди гугъуехьхэр псори
Иеговэ зэригъэкІуэдыжынур
сэ быдэу си фІэщ мэхъу.
Алыхьым и мурадыр
игъэзэщІэжын щхьэкІэ
Хьисэрэ абы и Пащтыхьыгъуэр
дэзыІыгъынухэмрэ къигъэсэбэпынущ.
Сэ абы и лъэныкъуэр зэрызубыдар
къэзгъэлъэгъуэфынущ си тхьэлъэІухэмкІэ,
си гурыщІэхэмкІэ
икІи си гупсысэкІэмкІэ,
хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм
сазэрыдэгуашэмкІэ.
Сэ сощІэ, мелуан бжыгъэ хъу
ди дэлъху, ди шыпхъухэм
мамырыгъэм и Пщым
и лъэныкъуэр зэраубыдар.
Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ,
ахэри сэ схуэдэу,
сэ схуэдэу,
сэ схуэдэу
мы дунейм и Іыхьэу щыткъым.