JW subtitle extractor

Лъабжьэ быдэ зиІэ унэ фщІы. ФиІэмкІэ арэзыуэ фыщыт

Video Other languages Share text Share link Show times

Дэ хуабжьу гугъу дохь, ди унагъуэм щыщ гуэр сымаджэ щыхъум деж,
сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ къэзлэжьым
шхын фІэкІа хущхъуэ къыщІэкІкъым.
Дэ ди унагъуэр Іуэхугъуэ гугъу пэщІэхуат.
Лэжьыгъэ зэзэмызэ фІэкІ сиІэтэкъыми,
къэзлэжь тІэкІур ерагъкІэ тхурикъуу арат.
Сэ иджыри сабийхэм щхьэкІэ хуабжьу сыгузавэт.
Ахэр шхынкІэ гугъу ехьмэ е зыгуэр хуэныкъуэмэ, дауэ хъуну, жысІэу сегупсыст.
Сэ нэгъуэщІ къэрал сымыІэпхъуэмэ
си унагъуэр зэрыспІыжын нэгъуэщІ Іэмал щымыІэ хуэдэу сегупсысу щІэздзащ.
Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, 1 Тимофей 5:8 итщ ар сэ си къалэну зэрыщытыр.
Иеговэрэ си унагъуэмрэ хузиІэ лъагъуныгъэм
сыкъигъэувыІащ нэгъуэщІ къэралым сымыІэпхъуэну.
Филиппи 1:10 дыхуегъэуш псом нэхърэ нэхъапэр зэхэдгъэкІыну.
Си унагъуэр къапщтэмэ, дэркІэ нэхъапэр Алыхьыр арэзы щІыныращ.
Зэхуэсым и нэхъыжьым жиІа псалъэхэм сэ хуабжьу сагъагушхуащ.
Ар къызэупщІат: «Иеговэ и нэфІ къыпщыхуэн щхьэкІэ,
нэгъуэщІ къэралым ущыпсэун хуейуэ ара?» жиІэри.
Абы жиІа псалъэхэр иджыри къэс сэ сощІэж...
Абы... абы лъандэрэ сэ къызгурыІуащ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр
мы дунейм псом нэхърэ нэхъ лъапІэу зэрыщытыр
икІи ахъшэкІэ къэпщэхуфыну псори зэрыкІуэдыжынур.
Гугъуехьхэм емылъытауэ, ди унагъуэр зэкъуэту зэрыщытыр дэ насыпышхуэу къыдолъытэ.
Сэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу икІи подсобнэ пионеру солажьэ.
Сипхъу Фатима общэ пионерщ.
Ди унагъуэм Иеговэ и нэІэ зэрытетыр дэ наІуэу долъагъу.
Сэ си фІэфІщ адрейхэм садэІэпыкъуну.
Ди къуэш, ди шыпхъухэри дэ дызыхуэзэ гугъуехьхэм хуэдэщ зыхуэзэр.
А гупсысэр сэ къыздоІэпыкъу си гугъуехьхэм си акъылыр тезмыухуэу,
ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ Иеговэрэ сегупсысыну.
Ди унагъуэм унафэ тэмэм къызэрытщтам сэ срогуфІэ.
Куэд димыІэми, дэ дынасыпыфІэщ,
сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ диІэмкІэ арэзыуэ дыщытщ.
Языныкъуэхэм жаІэ: «Къулейр — арэзыуэ щытыращ».
Ауэ Библием зэритымкІэ, цІыхур къулей зыщІыр Иеговэщ.
Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Иеговэ и нэфІ къызэрытщыхуэм
хэхъуэ къыдет икІи гуныкъуэгъуэ абы хилъхэкъым.