JW subtitle extractor

Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм лІыгъэ яхэлъын щІыхуейр сыт? Нейтралитетыр яхъумэн щхьэкІэ

Video Other languages Share text Share link Show times

Сэ 1975-нэ гъэм Заир
Иеговэ и Щыхьэт сыщыхъуащ.
Ди къэралым зы парт
фІэкІа щыІэтэкъыми,
псори абы хыхьэн хуейуэ къалъытэт.
Зы лэжьапІэ ІэнатІэ
гуэр пІыгъын щхьэкІэ,
а партым ухэтын хуейт.
Сэ политикэм пыщІа сыт хуэдэ Іуэхуми
сыхэмыІэбэну унафэ сщІащ.
Зы махуэ гуэрым
ди лэжьапІэм щыщхэр
псори зэхуэсащ
ныпыр ягъэлъэпІэн щхьэкІэ.
Сэ абы сыхэтыну сыщІыхуэмейр
сыкІуэу яжесІэн хуей хъуащ.
Абы сыкІуэху сэ, дауикІ, Иеговэ
тхьэлъэІу гуащІэкІэ зыхуэзгъэзащ.
Япэм сэ сызэрыщымыІэм
зыми гу лъитэу щытакъым.
Ауэ а махуэм псори Іейуэ къэгубжьат
икІи залымыгъэкІэ сагъэкІуащ.
Щэбэтым ди лэжьапІэм
партым щыщ цІыхухъу къагъэкІуащ.
Абы «Партым и лъэныкъуэр
зыубыдыну зымыдэр хэт?»,
жиІэу кІийуэ щІидзащ.
Ар адэкІи кІийуэ жиІащ
псори щІыбым къыщІэкІыну.
Си лэжьэгъухэр псори къыщІэкІащ,
сэ зыращ щІэмыкІыу къэнар.
Унэм сыщыкІуэжым
сагъэтІысыну си гугъат,
ауэ сагъэтІысакъым,
псори ди унэхэм декІуэлІэжащ.
Сэ къыздэлажьэхэм къызэрыстракъузэм
и закъуэтэкъым
гугъуехьу сызыхуэзар.
Куэд мыщІэу сэ си лэжьапІэми
сыІуагъэкІащ.
Дэ ахъшэ дызэримыІэм къыхэкІкІэ,
ди сабийхэр илъэс псокІэ
школым кІуакъым.
Дэ ерагъ къудейуэ
дызыхуэныкъуэр къызэрытщэхун диІэу арат.
Сэ Иеговэ гъунэгъу сыхуэзыщІ Іуэхухэр
зэи къэзгъэнакъым.
Сэ зэІущІэхэм сыкІуэт,
абыхэм сыхэтт,
хъыбарыфІыр згъэІут,
Библиер куууэ зджыт
икІи Иеговэ куэду селъэІут.
Сэ Иеговэ и нэфІ къысщыхуащ
икІи сэ пэжыр къэзгъэнакъым.
Сытым щыгъуи сэ ар
къыздэІэпыкъуащ.
Нейтралитетыр пхъумэныр ар Алыхьым
и Пащтыхьыгъуэр зэрыдэпІыгъ
хъун нэхъ ІэмалыфІщ,
хъыбарыфІыр зэрыдгъэІум
и гугъу умыщІу щытмэ.
Къэрал унафэщІхэм
Алыхьым дызэрыхуэлажьэр
къытпаубыдмэ,
дэ абы еплъыкІэ
тэмэм худиІэн хуейщ.
Зыгуэр къэхъуну Иеговэ хуит ищІмэ,
абы щхьэусыгъуэшхуэ иІэщ.
Абы и фІыгъэкІэ хъыбарыфІыр
дгъэІуну Іэмал нэхъыбэ диІэщ.
Дэ Иеговэ и цІэр догъэлъапІэ
икІи абы и Пащтыхьыгъуэмрэ
и Тепщэныгъэмрэ
зэрыдэтІыгъыр къыдогъэлъагъуэ.
Ар зэи зыщыдмыгъэгъупщэмэ,
дэ Иеговэ дзыхь хуэтщІынущ.