JW subtitle extractor

Хьисэ и зауэлІ хахуэхэр

Video Other languages Share text Share link Show times

Школ нэужьым университетым сыщІэтІысхьэу, абы сыщеджэну Іэмал зэрыщыІэр къызжаІат.
Си ныбжьэгъухэмрэ сезыгъаджэхэмрэ къызжаІэт: “УхущІегъуэжынщ, а Іэмалыр блумыгъэкІ, куэдыр абы щІохъуэпс”.
Дэ хъыбарыфІыр дгъэІуауэ е зэущІэм дыщыІауэ унэм щыдгъэзэжхэм дэж, ди гъунэгъу цІыхубзхэр къакъуэти, мамэ мыпхуэдэу къыжраІэт:
“Уэ уи пхъур гурыхуэ цІыкІущ икІи Іущ цІыкІущ. А уздэкІуэм пшэ нэхърэ, университет щІэбгъэтІысхьэу ебгъэджам нэхъыфІт”
Арати, сэ сегупсыст, сыт хуэдэ мурадхэр згъэувмэ нэхъыфІ жысІэу
Ди зэхуэсым дэІэпыкъуну къэкІуауэ къуэш, шыпхъу куэд хэтт.
Абыхэм я щапхъэм сэ сыхуигъушащ Иеговэ нэхъыбэ хуэсщІэн щхьэкІэ мурадхэр згъэувыну икІи пионеру лэжьэн щІэздзэну.
Си адэр сэ сыт щыгъуи къыздэІэпыкъут ИеговэкІэ фІэщхъуныгъэ быдэ сиІэну.
Мамэ пионеру мэлажьэ икІи абы и щапхъэр сэ сэбэпышхуэ къысхуохъу.
Ар цІыхухэм зэрепсалъэр къызжеІэж икІи абы гуфІэгъуэшхуэ зэрыхихыр сэ солъагъу.
Мамэ и щапхъэм сэ сыхуигъэушащ школыр къэзуха иужь пионер лэжьыгъэр къэсщтэну.
Зэман нэхъыбэ сиІэн щхьэкІэ сэ хадэхэкІ щагъэкІым сыщолажьэ.
А лэжьыгъэм и фІыгъэкІэ сэ сызыхуэныкъуэ псор сиІэщ.
Абы ущылэжьэну тыншкъым икІи къару къипхуигъэнэжкъым,
ауэ хъыбарыфІыр згъэІуну е зыгуэр Библие езгъэджэну сыщыкІуэм деж сэ солъагъу
Алыхьым и Псалъэр фІыуэ зылъагъу, ар нэхъыфІу къэзыщІэну хуей щІалэгъуалэ куэд.
Абы сэ къару къысхелъхьэж икІи си гур хегъахъуэ.
Иеремия 29:11 ит гупсысэр сэ къыздоІэпыкъу нэгъуэщІхэм къызэрыстракъузэм емылъытауэ, Иеговэ гугъэ дахэ къидытымкІэ фІэщхъуныгъэ быдэ сиІэну.
Сэ иджыпсту цІыхуиплІ Библие изогъаджэ.
Иеговэ и Щыхьэту щымыт си адэри ди зэущІэхэм блимыгъэкІу къокІуэ икІи Библиер едж.
А псом и фІыгъэкІэ сэ гуфІэгъуэ нэгъэса зыхызощІэ икІи си гъащІэм мыхьэнэ иІэщ.
Иеговэ сыхуэлэжьэну мурад щысщІам, сэ унафэ пэж къэсщтащ
икІи абы нэхърэ нэхъыфІ щыІэкъым.