Къэрал куэдым къикІауэ Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс конгресс. КъакІуэхэр гуапэу кърагъэблагъэ
Video
Other languages
Share text
Share link
Show times
Hide times
00:00:04
Дэ ди деж цІыху 2500 къэкІуэнущ00:00:07
00:00:08
икІи дэ абыхэм хьэщІагъэ
етхыну дыхуейщ.00:00:10
00:00:10
Дэ зы унагъуэу дызэрыщытыр 00:00:12
00:00:12
абыхэм зыхащІэну дыхуейщ.00:00:13
00:00:14
Дэ ди къалэныр00:00:15
00:00:15
мы Іуэхугъуэр къуэш, шыпхъухэм00:00:17
00:00:16
гукъинэж ящытщІыныращ.00:00:18
00:00:18
Ауэ абы щхьэкІэ 00:00:19
00:00:19
ерыскъыр бгъэхьэзыркІэ зыфІэкІкъым.00:00:22
00:00:23
Си гум щыщІэр00:00:24
00:00:24
псалъэкІэ пхужыІэнкъым.00:00:25
00:00:25
Нэгу зегъэужь программэр00:00:27
00:00:27
къэзгупсысын зэрыхуейр00:00:28
00:00:28
къыщысщІам щыгъуэ,00:00:29
00:00:30
Алыхьым селъэІуу сыгъуэгыу 00:00:31
00:00:31
махуитІкІэ си пэшым сыщІэсащ.00:00:33
00:00:34
Сыт къыддэІэпыкъуар жыпІэмэ,00:00:36
00:00:37
ар Иеговэ и организацэр
зэриунэтІыр зэрытщІэращ.00:00:41
00:00:41
Дэ дгъэхьэзырын хуейуэ ди гугъамрэ00:00:43
00:00:43
къызэрыщІэкІамрэ шурэ лъэсрэ
я зэхуакут.00:00:46
00:00:46
Дэ диІащ 19-нэ лІэщІыгъуэм00:00:48
00:00:48
ящІа шыгу, ковбойхэр,00:00:51
00:00:51
шы зыгъасэхэр,00:00:52
00:00:53
аркъэн зыдзхэр 00:00:54
00:00:54
икІи бжьакъуэшхуэ зытет выхэр.00:00:56
00:00:56
ИкІи ковбойхэм
зэращІу щытам хуэдэу,00:00:59
00:00:59
дэп зэрылъ тебэкІэ
щІакхъуэ дгъажьэт.00:01:01
00:01:02
Дэ къафакІуэу, джэгуакІуэу00:01:04
00:01:04
гупиплІ диІэт,00:01:05
00:01:06
гуп къэс цІыху 80 е 90 хъут.00:01:08
00:01:09
МахуиплІым и кІуэцІым абыхэм00:01:11
00:01:11
щІыпІищым зыкъыщагъэлъэгъуащ.00:01:12
00:01:14
ПщыхьэщхьэкІэрэ ди къуш, ди шыпхъухэм00:01:15
00:01:16
ди ерыскъыхэм щыщ едгъэшхт00:01:17
00:01:18
икІи яхуэдгъэхьэзыра уэрэдхэм,00:01:19
00:01:19
интервьюхэм, видеохэм едгъэплът.00:01:22
00:01:22
Зэман гуэркІэ00:01:24
00:01:24
мыпхуэдэ конгрессхэм я программэм00:01:25
00:01:25
хъыбарыфІ гъэІуныр
хыхьэу щытакъым.00:01:27
00:01:28
Ауэ иджы Иеговэ00:01:29
00:01:29
УнафэщІ гупыр къигъэсэбэпу00:01:31
00:01:31
къыдгуригъэІуащ,
а хабзэм техьэжын зэрыхуейр.00:01:34
00:01:34
ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ00:01:36
00:01:36
дэ дызыхуэзэ гугъуехьхэм
хуэдэ дыдэщ00:01:38
00:01:38
ди дэлъху ди шыпхъухэри зыхуэзэр.00:01:40
00:01:40
Ауэ ахэр къикІуэткъым.00:01:41
00:01:41
Сэ абы хуабжьу сегъэгушхуэ00:01:43
00:01:43
икІи хъыбарыфІыр00:01:44
00:01:44
нэхъ псэемыблэжу
згъэІуну сыхуегъэуш.00:01:47
00:01:47
Абы нэмыщІ конгрессым
къекІуалІэ хьэщІэхэр00:01:50
00:01:50
къезыгъэблэгъэн
цІыхухэми дыхуэныкъуэт.00:01:52
00:01:52
Автобусым дису
дыкъыщыІухьам щыгъуэ,00:01:54
00:01:55
а цІыху къомыр хэт хъунуми сэ занщІэу
къызгурыІуакъым.00:01:57
00:01:57
Ауэ абыхэм дыкърагъэблэгъэн щхьэкІэ00:02:00
00:02:00
къызэрыкІуар къыщысщІам,00:02:01
00:02:01
си нэпсым къызэпижыхьат.00:02:02
00:02:02
Конгрессхэр щекІуэкІ Унэм экскурсие 00:02:04
00:02:04
дызэриІэнур къыщытщІам,00:02:06
00:02:06
дэ хуабжьу дыгуфІащ.00:02:07
00:02:08
Дэ цІыху 3600 дэІэпыкъуэгъуу
къедгъэблэгъат.00:02:10
00:02:11
Ауэ къыддэІэпыкъуахэм
я бжыгъэр 5000 щІегъу.00:02:13
00:02:14
Псори зэдгъэпэщын щхьэкІэ00:02:15
00:02:16
дэ зэхуэс 200-м щІигъум захуэдгъэзащ.00:02:19
00:02:19
Дэ Шеин къалэм дыщыщщ.00:02:21
00:02:21
Ар километр 1400-кІэ мыбы пэжыжьэщ.00:02:25
00:02:25
ТхьэмахуитІ-щы ипэ шыгухэр
дгъэхьэзырын щІэддзэри,00:02:28
00:02:28
махуитІым и кІуэцІым ахэр къэтшащ.00:02:31
00:02:31
Мы конгрессым сыкъэкІуэн щхьэкІэ,00:02:33
00:02:33
псом япэ лэжьапІэм 00:02:34
00:02:35
тхьэмахуэ псокІэ
зыкъезгъэутІыпщын хуейт.00:02:36
00:02:37
Сэ Иеговэ куэдрэ селъэІуащ,00:02:39
00:02:39
сызыгъэлажьэм сыкъиутІыпщын щхьэкІэ,00:02:41
00:02:41
абы и фІыгъэкІэ00:02:42
00:02:42
сэ мыбы сыкъэкІуэфащ.00:02:43
00:02:44
Сэ зыкІэ гуфІэгъуэшхуэ зыхызощІэри!00:02:46
00:02:46
Жэнэтым дыщыІэ хуэдэщ!00:02:48
00:02:48
Махуэ къэс апхуэдэ гуфІэгъуэ зыхэтщІэу 00:02:50
00:02:50
дыщыпсэуну зэманыр къысхуэгъэскъым.00:02:53
00:02:53
Сэ Вашингтон штатым 00:02:55
00:02:55
и природэмрэ и историемрэ00:02:57
00:02:57
нэхъыфІу къозыгъэцІыху сурэтхэр сщІыт.00:02:59
00:03:02
ХьэщІэхэм иратыну сумкэхэм
тетыну сурэтхэр00:03:05
00:03:05
къэзгупсысыну сэ дзыхь
къысхуащІащ.00:03:08
00:03:09
Дэ хьэщІэхэм щхьэкІэ
уэрэд жытІэнущ.00:03:10
00:03:13
Сэ Иеговэрэ ди хьэщІэхэмрэ
згъэгуфІэн щхьэкІэ00:03:16
00:03:16
уэрэд жысІэнущ.00:03:17
00:03:17
Пщыхьэщхьэм сыхьэтипщІым
аэропортым 00:03:20
00:03:20
дыкъызэрытІысам емылъытауэ,00:03:21
00:03:21
дэ уэрэдкІэ дыкърагъэблэгъащ.00:03:23
00:03:24
Ар сыту гухэхъуэт!00:03:25
00:03:26
Дэлъху, шыпхъухэр гуапэу
къызэредгъэблагъэмрэ00:03:29
00:03:29
яхуэдгъэхьэзыра саугъэтхэмрэ
щыгуфІыкІыну къысщохъу.00:03:32
00:03:32
А саугъэтхэр абыхэм
ди фэеплъу къахуэнэнущ.00:03:36
00:03:37
JW хьэрфхэм я теплъэр къыздрахар 00:03:39
00:03:40
1931-нэ гъэм Колумбус щекІуэкІа 00:03:43
00:03:43
международнэ конгрессым и программкэращ.00:03:46
00:03:49
Зэрытлъагъущи, къуэш, шыпхъухэр00:03:51
00:03:51
псори Іуэхум хэтыну,00:03:53
00:03:53
зыгуэркІэ сэбэп хъуну00:03:54
00:03:55
икІи щхьэж хузэфІэкІыр ищІэну хуейщ.00:03:57
00:04:00
Сиэтл къалэм фыкъыдогъэблагъэ!00:04:02
00:04:03
Къуэш, шыпхъухэм мы сумкэхэр00:04:04
00:04:04
къызэрагъэсэбэпыр
плъэгъуну зыкІэ гуапэщи!00:04:07
00:04:09
Гъуэгуанэ кІыхьым уигъэмэхауэ00:04:11
00:04:11
кхъухьлъатэм укъыщикІыжым деж,00:04:13
00:04:13
къыпхуэгуфІэу къыппежьэ къуэш, шыпхъухэр00:04:15
00:04:15
плъэгъуну — ар сыту гуапэ!00:04:17
00:04:17
ЗанщІэу къыбгуроІуэ, ар лъагъуныгъэщ!00:04:19
00:04:19
Пэжщ, лъагъуныгъэщ!00:04:21
00:04:21
Ахэр дымыцІыхуми,00:04:23
00:04:23
дэ долъагъу абыхэм
гуфІэжу Іэ къызэрытхуащІыр.00:04:26
00:04:26
Аращ, зэкъуэтыныгъэ,00:04:28
00:04:28
лъагъуныгъэ пэж жыхуаІэр.00:04:29
00:04:29
Ухуей ухуэмейми
уи нэпсыр къыпфІыщІож.00:04:32
00:04:32
Дэ дыхуейщ абыхэм ящІэну,00:04:34
00:04:34
ахэр фІыуэ зэрытлъагъур00:04:35
00:04:36
икІи мыбы щыІэху00:04:37
00:04:37
сыт и лъэныкъуэкІи абыхэм
дадэІэпыкъуну дызэрыхьэзырыр.00:04:40
00:04:41
Ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэр00:04:43
00:04:43
фІыуэ дгъэхьэщІэн щхьэкІэ,00:04:44
00:04:45
тлъэкІ къэдгъэнэнукъым.00:04:46
00:04:46
Мы псом щхьэкІэ фІыщІэр зейр Иеговэщ.00:04:48
00:04:49
Апхуэдэ лъагъуныгъэшхуэ зэрылъ унагъуэ00:04:51
00:04:51
дуней псом щыбгъуэтынукъым.00:04:53
00:04:53
Мы конгрессыр едгъэкІуэкІын щхьэкІэ00:04:55
00:04:55
къару куэд етхьэлІащ.00:04:56
00:04:58
А псор щІэтщІэжар00:04:59
00:04:59
Иеговэ и цІэр дгъэлъээпІэн00:05:01
00:05:01
икІи къэрал куэдым къикІа
ди къуэш, ди шыпхъухэр00:05:04
00:05:04
дгъэхьэщІэн щхьэкІэщ.00:05:05
00:05:05
Илъэс минитІ-щы дэкІауэ зыгуэрым00:05:07
00:05:07
«Техас щыщ ковбойр уэратэкъэ?» 00:05:10
00:05:10
жиІэу къызбгъэдыхьамэ,00:05:11
00:05:11
гъэщІэгъуэн хъунут.00:05:13
00:05:13
Пэжыр жыпІэмэ,00:05:14
00:05:14
ковбойхэм гъы я хабзэкъым,00:05:16
00:05:16
ауэ абы щыгъуэ къысхуэвгъэгъунщ.00:05:18
00:05:18
АпхуэдизкІэ сыгуфІэщащи,00:05:20
00:05:20
си нэпсхэр къысфІекІуащ.00:05:21
00:05:22
Дэ абыхэм уэрэд яжетІащ00:05:24
00:05:24
икІи ар абыхэм
ягу къинэжыну дыхуейщ.00:05:27
00:05:27
Дэ дыхуейщ ди хьэщІэхэр дгъэгуфІэну.00:05:29
Къэрал куэдым къикІауэ Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс конгресс. КъакІуэхэр гуапэу кърагъэблагъэ
-
Къэрал куэдым къикІауэ Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс конгресс. КъакІуэхэр гуапэу кърагъэблагъэ
Дэ ди деж цІыху 2500 къэкІуэнущ
икІи дэ абыхэм хьэщІагъэ
етхыну дыхуейщ.
Дэ зы унагъуэу дызэрыщытыр
абыхэм зыхащІэну дыхуейщ.
Дэ ди къалэныр
мы Іуэхугъуэр къуэш, шыпхъухэм
гукъинэж ящытщІыныращ.
Ауэ абы щхьэкІэ
ерыскъыр бгъэхьэзыркІэ зыфІэкІкъым.
Си гум щыщІэр
псалъэкІэ пхужыІэнкъым.
Нэгу зегъэужь программэр
къэзгупсысын зэрыхуейр
къыщысщІам щыгъуэ,
Алыхьым селъэІуу сыгъуэгыу
махуитІкІэ си пэшым сыщІэсащ.
Сыт къыддэІэпыкъуар жыпІэмэ,
ар Иеговэ и организацэр
зэриунэтІыр зэрытщІэращ.
Дэ дгъэхьэзырын хуейуэ ди гугъамрэ
къызэрыщІэкІамрэ шурэ лъэсрэ
я зэхуакут.
Дэ диІащ 19-нэ лІэщІыгъуэм
ящІа шыгу, ковбойхэр,
шы зыгъасэхэр,
аркъэн зыдзхэр
икІи бжьакъуэшхуэ зытет выхэр.
ИкІи ковбойхэм
зэращІу щытам хуэдэу,
дэп зэрылъ тебэкІэ
щІакхъуэ дгъажьэт.
Дэ къафакІуэу, джэгуакІуэу
гупиплІ диІэт,
гуп къэс цІыху 80 е 90 хъут.
МахуиплІым и кІуэцІым абыхэм
щІыпІищым зыкъыщагъэлъэгъуащ.
ПщыхьэщхьэкІэрэ ди къуш, ди шыпхъухэм
ди ерыскъыхэм щыщ едгъэшхт
икІи яхуэдгъэхьэзыра уэрэдхэм,
интервьюхэм, видеохэм едгъэплът.
Зэман гуэркІэ
мыпхуэдэ конгрессхэм я программэм
хъыбарыфІ гъэІуныр
хыхьэу щытакъым.
Ауэ иджы Иеговэ
УнафэщІ гупыр къигъэсэбэпу
къыдгуригъэІуащ,
а хабзэм техьэжын зэрыхуейр.
ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ
дэ дызыхуэзэ гугъуехьхэм
хуэдэ дыдэщ
ди дэлъху ди шыпхъухэри зыхуэзэр.
Ауэ ахэр къикІуэткъым.
Сэ абы хуабжьу сегъэгушхуэ
икІи хъыбарыфІыр
нэхъ псэемыблэжу
згъэІуну сыхуегъэуш.
Абы нэмыщІ конгрессым
къекІуалІэ хьэщІэхэр
къезыгъэблэгъэн
цІыхухэми дыхуэныкъуэт.
Автобусым дису
дыкъыщыІухьам щыгъуэ,
а цІыху къомыр хэт хъунуми сэ занщІэу
къызгурыІуакъым.
Ауэ абыхэм дыкърагъэблэгъэн щхьэкІэ
къызэрыкІуар къыщысщІам,
си нэпсым къызэпижыхьат.
Конгрессхэр щекІуэкІ Унэм экскурсие
дызэриІэнур къыщытщІам,
дэ хуабжьу дыгуфІащ.
Дэ цІыху 3600 дэІэпыкъуэгъуу
къедгъэблэгъат.
Ауэ къыддэІэпыкъуахэм
я бжыгъэр 5000 щІегъу.
Псори зэдгъэпэщын щхьэкІэ
дэ зэхуэс 200-м щІигъум захуэдгъэзащ.
Дэ Шеин къалэм дыщыщщ.
Ар километр 1400-кІэ мыбы пэжыжьэщ.
ТхьэмахуитІ-щы ипэ шыгухэр
дгъэхьэзырын щІэддзэри,
махуитІым и кІуэцІым ахэр къэтшащ.
Мы конгрессым сыкъэкІуэн щхьэкІэ,
псом япэ лэжьапІэм
тхьэмахуэ псокІэ
зыкъезгъэутІыпщын хуейт.
Сэ Иеговэ куэдрэ селъэІуащ,
сызыгъэлажьэм сыкъиутІыпщын щхьэкІэ,
абы и фІыгъэкІэ
сэ мыбы сыкъэкІуэфащ.
Сэ зыкІэ гуфІэгъуэшхуэ зыхызощІэри!
Жэнэтым дыщыІэ хуэдэщ!
Махуэ къэс апхуэдэ гуфІэгъуэ зыхэтщІэу
дыщыпсэуну зэманыр къысхуэгъэскъым.
Сэ Вашингтон штатым
и природэмрэ и историемрэ
нэхъыфІу къозыгъэцІыху сурэтхэр сщІыт.
ХьэщІэхэм иратыну сумкэхэм
тетыну сурэтхэр
къэзгупсысыну сэ дзыхь
къысхуащІащ.
Дэ хьэщІэхэм щхьэкІэ
уэрэд жытІэнущ.
Сэ Иеговэрэ ди хьэщІэхэмрэ
згъэгуфІэн щхьэкІэ
уэрэд жысІэнущ.
Пщыхьэщхьэм сыхьэтипщІым
аэропортым
дыкъызэрытІысам емылъытауэ,
дэ уэрэдкІэ дыкърагъэблэгъащ.
Ар сыту гухэхъуэт!
Дэлъху, шыпхъухэр гуапэу
къызэредгъэблагъэмрэ
яхуэдгъэхьэзыра саугъэтхэмрэ
щыгуфІыкІыну къысщохъу.
А саугъэтхэр абыхэм
ди фэеплъу къахуэнэнущ.
JW хьэрфхэм я теплъэр къыздрахар
1931-нэ гъэм Колумбус щекІуэкІа
международнэ конгрессым и программкэращ.
Зэрытлъагъущи, къуэш, шыпхъухэр
псори Іуэхум хэтыну,
зыгуэркІэ сэбэп хъуну
икІи щхьэж хузэфІэкІыр ищІэну хуейщ.
Сиэтл къалэм фыкъыдогъэблагъэ!
Къуэш, шыпхъухэм мы сумкэхэр
къызэрагъэсэбэпыр
плъэгъуну зыкІэ гуапэщи!
Гъуэгуанэ кІыхьым уигъэмэхауэ
кхъухьлъатэм укъыщикІыжым деж,
къыпхуэгуфІэу къыппежьэ къуэш, шыпхъухэр
плъэгъуну — ар сыту гуапэ!
ЗанщІэу къыбгуроІуэ, ар лъагъуныгъэщ!
Пэжщ, лъагъуныгъэщ!
Ахэр дымыцІыхуми,
дэ долъагъу абыхэм
гуфІэжу Іэ къызэрытхуащІыр.
Аращ, зэкъуэтыныгъэ,
лъагъуныгъэ пэж жыхуаІэр.
Ухуей ухуэмейми
уи нэпсыр къыпфІыщІож.
Дэ дыхуейщ абыхэм ящІэну,
ахэр фІыуэ зэрытлъагъур
икІи мыбы щыІэху
сыт и лъэныкъуэкІи абыхэм
дадэІэпыкъуну дызэрыхьэзырыр.
Ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэр
фІыуэ дгъэхьэщІэн щхьэкІэ,
тлъэкІ къэдгъэнэнукъым.
Мы псом щхьэкІэ фІыщІэр зейр Иеговэщ.
Апхуэдэ лъагъуныгъэшхуэ зэрылъ унагъуэ
дуней псом щыбгъуэтынукъым.
Мы конгрессыр едгъэкІуэкІын щхьэкІэ
къару куэд етхьэлІащ.
А псор щІэтщІэжар
Иеговэ и цІэр дгъэлъээпІэн
икІи къэрал куэдым къикІа
ди къуэш, ди шыпхъухэр
дгъэхьэщІэн щхьэкІэщ.
Илъэс минитІ-щы дэкІауэ зыгуэрым
«Техас щыщ ковбойр уэратэкъэ?»
жиІэу къызбгъэдыхьамэ,
гъэщІэгъуэн хъунут.
Пэжыр жыпІэмэ,
ковбойхэм гъы я хабзэкъым,
ауэ абы щыгъуэ къысхуэвгъэгъунщ.
АпхуэдизкІэ сыгуфІэщащи,
си нэпсхэр къысфІекІуащ.
Дэ абыхэм уэрэд яжетІащ
икІи ар абыхэм
ягу къинэжыну дыхуейщ.
Дэ дыхуейщ ди хьэщІэхэр дгъэгуфІэну.
-