JW subtitle extractor

Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къыщагъэсэбэпыну щІакхъуэр зэращІыр

Video Other languages Share text Share link Show times

Сэ сытым дежи сигу къызогъэкІыж
си анэмрэ сэрэ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм щхьэкІэ
щІакхъуэ зэрыдгъажьэу щытар.
Абы мыхьэнэшхуэ зэриІэм къыхэкІкІэ,
а Іуэхум си анэр гурэ псэкІэ бгъэдыхьэт.
Хьисэ лІэн ипэ къихуэ жэщым
и гъэсэнхэм яжриІауэ щытащ:
«Мы щІакхъуэр сэ си пкъыращ».
ЩІакхъуэмрэ шагъырымрэ
зыІэпахын яуха иужькІэ,
Хьисэ абыхэм яжриІащ:
«Мыпхуэдэу фщІэ, фи гум
сыкъэвгъэкІыжын щхьэкІэ».
ИкІи нобэр къыздэсым дэ апхуэдэу дощІэ.
Шери, хьэжыгъэр, кхъыІэ, къызэт.
Упсэу.
А щІакхъуэр зэращІыр тыншыбзэщ.
Хэлъхьэн хуейр пщІэжрэ?
Псы?
Пэж дыдэщ.
Иджыри нэгъуэщІ гуэр хэплъхьэ хъуну?
Хьэуэ. Хьисэ щыпсэуам щыгъуэ
щІакхъуэр зэращІу щыта дыдэм хуэдэу
пщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ.
Гуэдз хьэжыгъэрэ псырэ фІэкІа
зыри хэлъын хуейкъым.
НтІэ, зыгуэрым гуэдз хьэжыгъэ имыІэмэ-щэ?
Абы щыгъуэ нэгъуэщІ хьэжыгъэ
къэбгъэсэбэп хъунущ.
Псалъэм папщІэ, прунжым, хьэм,
нартыхум къыхэщІыкІа хьэжыгъэ.
Псырэ хьэжыгъэрэ фІэкІа хэлъхьэн хуейкъым.
Пщагъи хэлъхьэн хуейкъым.
Шыгъуи хуейкъэ?
Хьэуэ, шыгъуи хуейкъым.
Лука 16:10 ит Хьисэ и псалъэхэр пщІэжрэ?
«Іуэху мащІэкІэ узыщыгугъ хъуну цІыхум,
Іуэху куэдкІи
ущыгугъ хъунущ».
Пэж дыдэщ!
Дэ дыхуейкъэ Иеговэ
сыт и лъэныкъуэкІи хуэпэжу дыщытыну?
Мамэ ар зэщыщ хъуху ипщт
икІи ар щабэ хъут.
ИужькІэ ар зэгъусэу тхут,
дагъэ тІэкІу зыщыхуа тебэм итлъхьэти,
ар дгъажьэт.
А щІакхъуэр мыдрей щІакхъуэхэм къащхьэщокІ.
Ар пщІыну тыншщ,
галетым хуэдэу гъущэщ
икІи зэгупщІыкІыну тыншщ.
Ар фІы дыдэ хъуащ.
ИкІи дэ гуфІэгъуэшхуэ диІэу
дыщызэхуэс Унэм Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм
щыгъуэ тхьащ.
Иджыпсту Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм щхьэкІэ
щІакхъуэ щыдгъэхьэзырым деж
а махуэхэр си гум ІэфІу къокІыж.
Ауэ псом нэхъапэращи,
сэ согупсыс дэтхэнэ зыми
Хьисэ къытхуищІа тыгъэм.
Илъэс псом нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ махуэм
си Іыхьэ гуэр зэрыхэслъхьэм
си дежкІэ щІыхьышхуэ пылъщ.