JW subtitle extractor

Библиер зэрадж курсым укъыдогъэблагъэ!

Video Other languages Share text Share link Show times

Іейуэ ди гуапэщ уэ Библиер
бджыну мурад зэрыпщІар!
Дуней псом тет мелуан
бжыгъэ хъу цІыхухэм
Библием тегъэщІа курсыр
яфІэфІу ядж.
Ди гуапэ хъунущ,
уэри ар уигу ирихьмэ!
Библиер бджымэ уэ къэпщІэнущ,
унагъуэр насыпыфІэ хъун щхьэкІэ,
сыт пщІэн хуейми,
гугъуехь узыпэщІэхуэхэм емылъытауэ
гузэгъэгъуэ дауэ зэбгъэгъуэтынуми,
Алыхьым дауэ
гъунэгъу ухуэхъунуми
икІи гъащІэ дахэ
къызэрытпэщылъыр
уи фІэщ пщІыну сыт хуэдэ
щхэусыгъуэхэр щыІэми.
Дапхуэдэу ар зэрекІуэкІынур?
ЩІэвдзэн ипэ уезыгъаджэм
Алыхьым кІэщІу
лъэІукІэ зыхуигъэзэнущ.
ИужькІэ урокым и япэ напэкІуэцІыр
зыпкърыфхынущ.
Абзацхэм зэрызу фыкъеджэурэ
абыхэм хуэхьа упщІэхэми
я жэуапхэр къэвгъуэтынущ.
Инэхъыбэ абзацхэм
Библием щыщ едзыгъуэ
нэхъыщхьэхэр
фІыцІэкІэ къыхэгъэщащ.
Уезыгъаджэм нэгъуэщІ едзыгъуэхэри
уи гъусэу зэпкърихынущ,
псом хуэмыдэу «Къеджэ» жыхуиІэхэр.
ИужькІэ «Нэхъ куууэ хэплъэ»
жыхуиІэ Іыхьэм
фыкъеджэу зэгъусэу зыпкърыфхынущ.
Библием ит едзыгъуэхэм,
абзацым къыщыхьа упщІэхэм
икІи видеохэм я фІыгъэкІэ
фызэджэ темэ дэтхэнэри
уэ езым сэбэп къызэрыпхуэхъунур
нэхъыфІу къыбгурыІуэнущ.
Урок къэс къызэрапщытэж упщІэхэр хэтщ.
ИкІэм уезыгъаджэм Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъэзэжынущ.
Тхьэмахуэм дапхуэдизрэ уеджэнуми,
урок къэс зэман
дапщэ тевгъэкІуэдэнуми,
уэ езым къыхэпх хъунущ.
Ауэ узэджэм сэбэпынагъ нэхъыбэ
хэпхын щхьэкІэ,
нэхъ мащІэ дыдэу
тхьэмахуэм зэ уеджэну ухудогъэуш.
Библиер гъащІэ насыпыфІэм ухуэзышэ
псом нэхърэ нэхъыфІ тхылъщ.
Ар зэрыпэжым
Библием тегъащІа мы курсыр
щыхьэт тохъуэ.