JW subtitle extractor

Хьисэ къигъэлъэгъуащ Пащтыхьыгъуэм цІыхухэм щхьэкІэ ищІэнур

Video Other languages Share text Share link Show times

Сыт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и цІыхухэм щхьэкІэ ищІэнур?
А упщІэм и жэуапыр Хьисэ щІылъэм щыпсэуам ищІа телъыджэхэм къагъэлъагъуэ.
Хьисэ борэнышхуэр зэригъэувэІыжам къигъэлъэгъуащ дунейм къыщыхъу гузэвэгъуэшхуэхэр щымыІэжу ищІыну къару зэриІэр
икІи дыкъэзыухъуреихь дунейм и къабзагъэр зэрызэтригъэувэжынур.
ЦІыху мин куэд зэригъашхамкІэ абы къигъэлъэгъуащ а Пащтыхьыгъуэм дуней псом гъаблэ щымыІэжу зэрищІыжынур.
ЦІыху сымаджэхэр, щІакъуэхэр, дэгухэр, нэфхэр Хьисэ зэригъэхъужу щытамкІэ къигъэлъэгъуащ
ар щІылъэм и тепщэу щыщытыну зэманым псоми узыншагъэ быдэ зэраІэнур.
Хьисэ лІахэри къигъэтэджыжу щытащ.
Абы къегъэлъагъуэ Пащтыхьыгъуэм лІэныгъэми кІэ къызэрыхуигъэкІуэнур.