JW subtitle extractor

Хьэлэлагъ зэрывгъэлъагъуэм щхьэкІэ фІыщІэ фхудощІ

Video Other languages Share text Share link Show times

Лука 6:38 зэритымкІэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр хуигъэушт ахэр цІыху хьэлэлу щытыну.
Фэри, ди къуэш ди шыпхъу лъапІэхэ, фи зэманым, фи къарум,
фи ахъшэм фызэрыщымысхьымкІэ къывогъэлъагъуэ Хьисэ и псалъэхэм фызэрытетыр.
Фэ фи зэхуэсым щыщхэми, щІыпІэ жыжьэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэми фазэрыдэІэпыкъун Іэмал къыволъыхъуэ.
УнафэщІ Гупым щыщ къуэшхэр къызэлъэІужащ фи хьэлэлагъым щхьэкІэ фІыщІэ фхуэсщІыну.
Фэ а хьэл дахэр зэрывгъэлъагъуэм нэгъуэщІхэри хуегъэуш Лука 6:38 ит Хьисэ и псалъэхэм тетыну:
«ЦІыхухэм фетэмэ, Тхьэри фэ къывэтэнущ.
Фи пщалъэр зэщыхъу хъуауэ, иубауэ, изу, щхьэІум къыщхьэпрылъэлъу, Тхьэм къыфхуищІэжынщ;
фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкІэ Тхьэм фэ къыфхуипщыжынущи».
Фэ арэзыуэ фты ахъшэр мащІэу къыфщыхъуми, зыщывмыгъэгъупщэ,
фэ адрейхэм щапхъэ фызэрыхуэхъур икІи хьэлэлагъ ягъэлъэгъуэну абыхэм фазэрыдэІэпыкъур.
КъыкІэлъыкІуэ видеом къыщыфлъэгъунущ арэзыуэ фты ахъшэр къуэш, шыпхъухэм зэрыдэІэпыкъуам и щапхъэ зыбжанэ.
Абы нэмыщІ дэ къэтщІэнущ фи тыгъэхэм а къуэш, шыпхъухэр зэрыхуигъэушар абыхэми хьэлэлагъ ягъэлъэгъуэну.
Тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэхэм дызэплъ видеохэр сэ хуабжьу фІыщІэ сощІ.
Сэ ахэр къыздоІэпыкъу цІыхухэм епсэлъэн тыншу щІэздзэну икІи къызат упщІэхэм хуэкІуэ едзыгъуэхэр псынщІэу къэсщІэжыну.
Ахэр сэ иджыри къыздоІэпыкъу хъыбарыфІыр щызгъэІукІэ видеохэр къэзгъэсэбэпыну.
А псом Иеговэ и лъагъуныгъэр хызолъагъуэ. Абы сэ сызыхуэныкъуэр игъуэу къызет.
Абы нэмыщІ сэ къызгуроІуэ фІыуэ дызыгъасэ икІи апхуэдизу дызыгъэгушхуэ видеохэр
ди организацием къыдигъэкІын щхьэкІэ ахъшэ куэд зэрытекІуадэр.
Аращи, сэ си гум ислъхьащ адэкІи арэзыуэ ахъшэ стыну Иеговэ и лэжьыгъэр кІуэтэн щхьэкІэ.
АбыкІэ сэ къызогъэлъагъуэ Иеговэ фІыщІэ зэрыхуэсщІыр.
Сэ илъэс 60-м нэблэгъауэ Вефилым сыщолажьэ икІи а зэманым къриубыдэу абы и Іыхьэ зэмылэужьыгъуэхэм сыщыпсэуащ.
А комплексым илъэс 30-м щІигъукІэ ди филиалыр щылэжьащ.
А щІыпІэр щІыпІэ дахэт икІи нэгъуэщІ щІыпІэ дыщыІэпхъуам щыгъуэ, абы хуабжьу сыхуэзэшт.
Ауэ тхуащІа ВефилыщІэр дэ зыкІэ фІыуэ тлъагъуащи!
Зэи дигугъэнтэкъым ар апхуэдизу дигу ирихьыну.
Ди филиалым ущыпсэуну икІи ущылэжьэну тыншщ, абы нэмыщІ ар дахэщ икІи Алыхьым и цІэр егъэлъапІэ.
Нобэ уафэм щыІэ си адэ Иеговэ ВефилыщІэм щхьэкІэ фІыщІэ хузощІ
икІи ди къуэш, ди шыпхъухэми арэзыуэ ят ахъшэхэм щхьэкІэ си гум фІыщІэшхуэ илъщ.
Абы сэ сыхуегъэуш Вефилым щылажьэ дэтхэнэ зыми зэрищІым хуэдэу, сэри арэзыуэ ахъшэ стыну.
Мыпхуэдэ щІыпІэ дахэм сызэрыщыпсэум щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэшхуэ хузощІ.
Сэ булу бзэкІэ зэзыздзэкІ гупым сыщолажьэ
икІи Камеруным щыІэ Эболовэ къалэм сыщопсэу.
Тхыгъэхэр зэзыдзэкІхэм шхыным, зыщІэс унэхэм, гъуэгупщІэм трагъэкІуадэ ахъшэхэр къызыхахыр арэзыуэ ят ахъшэхэращ.
А ахъшэхэм я фІыгъэкІэ булу бзэмкІэ «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу» жыхуиІэ тхылъри къыдагъэкІащ.
Ди къуэш, ди шыпхъухэм езыхэм материалыр зэрадзэкІын хуейкъым зыгуэр Библием щрагъаджэм деж.
Ирагъаджэхэми гупсысэ нэхъыщхьэхэр нэхъ тыншу къагуроІуэ икІи еджэну нэхъ яфІэгъэщІэгъуэнщ.
Арэзыуэ сты ахъшэр булу бзэм имызакъуэу нэгъуэщІыбзэ куэдкІи ди тхыгъэхэр зэрадзэкІыну сэбэп зэрыхъум сэ хуабжьу сегъэгушхуэ.
Таль вулканыр къыщикІам абы си гъащІэр хуабжьу ихъуэжащ.
Сэ си щхьэм щхьэкІи, си лІым щхьэкІи, ди бынищым щхьэкІи егъэлеяуэ сыгузавэт.
Ауэ дызыхуэныкъуэ псор ди дэлъху, ди шыпхъухэр къигъэсэбэпри, Иеговэ къыдитащ.
Абы и фІыгъэкІэ дэ гурыфІыгъуэ зэдгъэгъуэтыжащ.
Дэ зыгуэр тхуримыкъуу, зыгуэр тхуэчэму зэи зыхэтщІакъым.
Ар дэ къыддэІэпыкъуащ ди заманми, ди къаруми дыщымысхьу ди дэлъху, ди шыпхъухэм дадэІэпыкъуну, псом хуэмыдэу бэлыхь хэхуахэм.
Дэ тхузэфІэкІыр мащІэми куэдми, ди гум къыбгъэдэкІыу ар тщІэмэ, Иеговэ Іэмал имыІэу дгъэгуфІэнущ.
Иеговэ и Щыхьэтхэр дэнэ щымыпсэуами, хьэлэлагъ зарагъэлагъуэм дэ хуабжьу дигу хегъахъуэ.
Фэ арэзыуэ фты ахъшэм, ар мащІэми куэдми, хъыбарыфІ гъэІуныр егъэкІуатэ икІи ди организацием и зэкъуэтыныгъэм сэбэп хуохъу.
Хьэлэлагъ зэрыдгъэлъагъуэмкІэ Иеговэ и цІэр догъэлъапІэ.
Covid-19 пандемием, гузэвэгъуэшхуэхэм икІи ахъшэм епха гугъуехьхэм емылъытауэ, цІыху хьэлэлу фыщытыну щывгъэтакъым.
Фи хьэлэлагъым щхьэкІэ Иеговэ хуабжьу мэгуфІэ. Дэри абы дегъэгушхуэ.
Дэ Иеговэ долъэІу фи пщалъэр зэщыхъу хъуауэ, иубауэ, изу, щхьэІум къыщхьэпырылъэлъу къыфхуищІэжыну.
Хьэлэлу фызэрыщытым щхьэкІэ фІыщІэ ину фхудощІ!