JW subtitle extractor

«Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ дуней мамырым къытхуэмыгъэсу дыпоплъэ» (Іыхьэ)

Video Other languages Share text Share link Show times

Уэ езым уи унэ уиІэжыну
ущІэхъуэпсрэ?
Иеговэ гъэрыпІэм къикІыжа
израил цІыхухэр къигъэгугъат
дэтхэнэ зыми езым и унэ иухуэжыну
Іэмал зэриІэнумкІэ.
Ноби дэ къытщыщІыр
Иеговэ къыфІэмыІуэхуу щыткъым.
ДызыщІэс унэр щытфІэкІуэдым
е ди хуитыныгъэр къыщыттрахым деж
абы ар хуабжьу игу къоуэ.
Ауэ Иеговэрэ дэрэ ди
зэныбжьэгъугъэм и фІыгъэкІэ
дэнэ дыщымыІами икІи
сыт къытщымыщІами
ди гум гузэгъэгъуэрэ мамырыгъэрэ илъщ.
Абы къегъэлъагъуэ дунеищІэм
Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми
зы щхьэкІи мыгузавэу,
мамыру щыпсэун унэ зэриІэнур.
Къызыщыгъэхъут, щІэпхъаджащІэ гуэр
е хьэкІэкхъуэкІэ гуэр
къыптеуэну шынагъэ зэрыщыІэр пщІэуэ
гъуэгуанэ кІыхь утеувэн хуей хъуауэ.
ГъэрыпІэм къикІыжу,
зи хэкум зыгъэзэж израил цІыхухэр
Иеговэ къигъэгугъат ахэр
гъуэгу тетыху къихъумэну,
къагъэзэжа иужьи мамыру псэуну.
Нобэ Иеговэ и организацэм щыІэ
духовнэ жэнэтым и фІыгъэкІэ
япэм гущІэгъуншэу
икІи залымыгъэ зезыхьэу
щытахэм захъуэжыфащ.
Ахэр мамырыгъэ зыфІэфІ цІыху щабэ,
цІыху Іэдэб хъуахэщ.
Уи нэгу къыщІэгъэхьэт
дуней псор мамыр
щыхъужыну зэманыр.
Абы щыгъуэ хуиту,
ди нэгу зедгъэужьу
дуней псор къызэхэткІухьыфынущ.
Зэи дыздэщымыІа
щІыпІэ гъэщІэгъуэнхэр
зэдгъэлъэгъуфынущ,
Иеговэ и ІэдакъэщІэкІ дахащахэми
тфІэгъэщІэгъуэну дыкІэлъыплъыфынущ.
Шынэ лъэпкъи дигу къэкІынукъым.
Иеговэ къыдит унафэ гурыІуэгъуэхэм
абы нэхъ гъунэгъу дыхуащІ
икІи дыкъахъумэ.
Нобэ дин нэпцІым духовнэ кІыфІыгъэм
цІыху куэдыр щиІыгъщ.
Ауэ Иеговэ и нэхумкІэ
дэ абы хуит дищІыжащ.
Иджыпсту Иеговэрэ дэрэ
зэхущытыкІэфІ дызэриІэм къегъэлъагъуэ
щІылъэр жэнэт хъужа иужь
сыт и лъэныкъуэкІи узыншагъэ
быдэ дызэриІэнур,
ІэпкълъэпкъкІи, эмоциональнэ
лъэныкъуэкІи.
Уи нэгу къыщІэгъэхьэт,
пщэдджыжьым укъоушри,
уи нэм илъагъум уи гур хегъахъуэ,
псоми узыншагъэ быдэ яІэщ,
икІи нэгъэсауэ насыпыфІэщ.
Зыми уигу химыгъэщІу,
гъащІэм гуфІэгъуэ хэпхыу
узэрыпсэуным шэч лъэпкъ
къытепхьэкъым.
Иеговэ дыкъегъэгугъэ:
ГъэрыпІэм щыІа израил цІыхухэм ярита
псалъэр Иеговэ игъэзэщІэжащ.
Духовнэ лъэныкъуэкІэ ахэр лІа пэлъытэт.
Ауэ Иеговэ ахэр гъэрыпІэм
къришыжри, къызэфІигъэувжащ.
1919 гъэми Иеговэ апхуэдэ гуэр ищІащ.
Нобэ щыІэ и лъэпкъыр
Иеговэ дин нэпцІым и гъэрыпІэм къришыжащ
икІи абыхэм жыджэру
хъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ
и къару лъапІэр яритащ.
Абы щыгъуэ Иеговэ и лъэпкъыр
духовнэу къызэрызэфІигъэувэжам хуэдэу
къэкІуэну зэманми
абы ди лІахэр къигъэтэджыжынущ.
Пэж дыдэу ди Алыхь Иеговэ
лІэныгъэр игъащІэкІэ игъэкІуэдынущ.
Дэ ди гъащІэр апхуэдизкэ
кІыхьу щытынущи,
лІэщІыгъуэ куэдкІэ къэкІ
жыгхэм я гъащІэр
напІэ къэІэтыгъуэу къыпщыхъунущ.
Иеговэ дыкъегъэгугъэ: