JW subtitle extractor

Нэчыхьым зыхуэгъэхьэзырын. 1 Іыхьэр: Зыгуэрым сыхуэзэну сыхьэзыр?» (Іыхьэ)

Video Other languages Share text Share link Show times

—Мыра къэплъыхъуэр?
—Уей арам, упсэу.
Лилитэкъэ уи цІэр?
—НтІэ.
Уэ у-Шон си гугъэщ, ара?
—НтІэ, уей мыІеиххэу баскетбол уоджэгум.
—Упсэу, уэри.
—Школ нэужьым зы щІыпІэ дыкІуэн?
—Еуэ.
Сэ си цІэр Лилищ.
Иджыпсту сэ зы Іуэху гуэрым сегъэгузавэ.
Ди школым Шон и цІэу
зы щІалэ цІыкІу къызэрыщІэтІысхьэжрэ
куэд щІакъым.
Сэ сощІэ Иеговэ и Щыхьэту
щымытхэм сызэреплъын хуэмейр.
Ауэ Іуэхур гугъу зыщІыр
ар Иеговэ и Щыхьэту зэрыщытыращ.
Шонырэ и адэ-анэмрэ
ди зэхуэсым къыхыхьащ,
икІи ар нэхъыбэрэ слъэгъуху,
ар нэхъыбэу сигу ирихьу хъут.
«От вздохов повисли мои руки.
О, если бы я знал,
где найти его.
Тогда пришел бы прямо
к его неизменному месту».
ЗэрыжысІащи, мис мы
Іуэхурат сызыгъэгузавэр.
Махуэ къэс школым
ди ныбжь хъыджэбз цІыкІухэмрэ
щІалэ цІыкІухэмрэ
я Іэр зэрыІыгъыу щызолъагъу.
Ахэр насыпыфІэу къысщыхъути,
сэри абыхэм сехъуапсэу щІэздзащ.
Си адэ, си анэми абы
гу лъамытэу къэнакъым
икІи а пщыхьэщхьэ дыдэм
абы теухуауэ зэпсэлъащ.
Куэд дэмыкІыу сэ ахэр къыздэІэпыкъуащ.
ЕтІуанэ махуэм мамэ Іуэху гуэрхэр иІэти,
и гъусэу сыкъыздищтащ.
ИужькІэ дэ кафем дыщІыхьэри,
тІэкІу дыздэуэршэру щІэддзащ.
Си Іуэхухэр дауэ хъуми къыщызэупщІым,
сэ япэ щІыкІэ сыхуеятэкъым
мамэ зыгуэр жесІэну.
Ауэ ар гуапэу, щабэу къызэрысхущытым
сытригъэгушхуащ си гур къыхузэІусхыну.
Шон сигу зэрырихьыр щыжесІэжам,
сэ мамэ сигъэкъуэншакъым.
—Лили, апхуэдэ гурыщІэхэр уиІэным
зыри Іей хэлъкъым,
уи ныбжьым сыщитым,
сэри апхуэдэ гурыщІэ дыдэхэр сиІащ.
—Пэжуи?
—НтІэ, Иеговэ дэ апхуэдэу дыкъигъэщІащ,
си пхъу цІыкІу.
ИкІи ди КъэгъэщІакІуэм псом нэхърэ нэхъыфІу
ещІэ дэ насыпыфІэ дызыщІынур сытми.
ИкІи ар хуейщ уэ насыпыфІэу ущытыну,
папэрэ сэри аращ дызыхуейр.
Сэ мамэ къызэшхыдакъым,
икІи емыкІу сыкъищІакъым.
Ауэ псом нэхърэ нэхъ сигу ирихьар
дымыпІащІэу, и зэманым щымысхьу дызэрызэбгъэдигъэсаращ.
Сэ къыздэІэпыкъуар мамэ и закъуэкъым.
Папи сыткІэ къыздэІэпыкъу хъунуми егупсысащ.
А пщыхьэщхьэ дыдэм унагъуэм зэгъусэу
Библиер щыдджым абыхэм Іэмал къызатащ
иджыри зэ си гурыщІэхэмкІэ садэгуэшэну.
Арати, а Іуэхум теухуауэ сызыгъэгузавэр яжэсІащ.
—Сытми, сщІэнур сщІэкъым.
—Лили, упсэу уи гурыщІэхэмкІэ
укъызэрыддэгуэшам щхьэкІэ.
Зы упщІэ уэстыну сыхуейт.
Уэ дауэ уеплърэ,
цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ лъагъуныгъэ зыхуащІыфІу
Иеговэ щхьэ къигъэщІа?
—А тІур зэрышэу унагъуэ яухуэн щхьэкІэ.
—Пэж дыдэщ.
ПщІэрэ, нэчыхьыр мылым тет фигуриститІым ещхьщ.
Ахэр дахэу къызэрыфэм ущеплъкІэ,
ар тыншыбзэу къыпщохъу.
Ауэ пэжу тыншу пІэрэ ар?
—Хьэуэ.
—Ар зыми хузэфІэкІынукъым абы емылэжьмэ,
езым хуэкІуэ гъусэ къимыгъуэтмэ
икІи зыгуэрым иримыгъасэмэ.
Пэжкъэ?
—Пэжщ.
—Нэчыхьми ар дыдэр хужыпІэ хъунущ.
Унагъуэр езыр-езыру насыпыфІэ хъунукъым.
Абы щхьэкІэ уэ пхуэкІуэ щхьэгъусэ къэбгъуэтын хуейщ,
тІуми къару ефхьэлІэн хуейщ
икІи псом нэхъапэ —
Иеговэ и чэнджэщхэм фытетын хуейщ.
Лили, 32-нэ Псаломым, 8-нэ едзыгъуэм
ит гупсысэм гу лъозгъэтэну сыхуейт.
Укъытхуеджэн?
—НтІэ.
—Мыбдеж щыжыІащ:
«ЗэхэщІыкІ пхэслъхьэнщ,
гъуэгу узрикІуэнури уэзгъэлъэгъунщ.
Чэнджэщ уэстынщ икІи сыпкІэлъыплъынщ».
—Си хъыджэбз цІыкІу,
Иеговэ дэ фІыщэу делъагъу,
абы жиІэм дедаІуэмэ,
Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къытхуэщтэнущ
икІи а унафэхэм дэ зэи дыхущІегъуэжынукъым.
ТІэкІу дызэпсэлъа иужь,
тхылъымпІэм тедзауэ статья
зыбжанэ папэ къызитащ,
езыр-езыру сыхэплъэн щхьэкІэ.
А статьяхэм седжэу сегупсысыжа иужь,
сэ къызгурыІуар мыращ:
сэ иджыпсту зыми семыпсалъэми,
зыри сфІэкІуэдкъым.
СфІэкІуэдын дэнэ къэна,
сэ сымыпІащІэмэ,
а Іуэхум нэхъыфІу зыхуэзгъэхьэзырыфынущ.
ИкІи а зэманыр Иеговэ нэхъ гъунэгъу
зыхуэсщІын щхьэкІэ
къэзгъэсэбэпмэ, нэхъыфІщ.
Аращ псом нэхърэ нэхъапэр.
Иджыпсту щыщІэдзауэ хьэл-щэныфІ куэдым селэжьыну
икІи куэдым зыхуезгъэсэну сэ Іэмал сиІэщ.
ИужькІэ сыдэкІуэ хъумэ
а псор къысхуэсэбэпыжынущ.