Вторая Летопись тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Video
Other languages
Share text
Share link
Show times
Hide times
00:00:01
2 Летопись тхылъым ущызыгъэгъуазэ.00:00:04
00:00:05
1 Летописьмрэ 2 Летописьмрэ
япэм зы тхылъу щытащ.00:00:09
00:00:09
Ауэ иужькІэ тІууэ ягуэшащ.00:00:12
00:00:12
Ар зытхар Мусэ и Хабзэр къизытхыкІыжу щыта00:00:15
00:00:15
Хьэрун и лъэпкъым къыхэкІа дин пашэ Ездрэщ.00:00:18
00:00:18
Абы ар тхын иухащ ди эрэм ипэ
хуэгъэфэщауэ 460 гъэм.00:00:23
00:00:23
Ар нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр
Иудэ Пащтыхьыгъуэращ.00:00:27
00:00:27
2 Летопись тхылъым илъэс 500-м къриубыдэу 00:00:30
00:00:30
къэхъуа Іуэхугъуэхэр къеІуэтэж.00:00:32
00:00:32
Ди эрэм ипэ 1037 гъэм Сэлмэн пащтыхь
щыхъуам къыщыщІэдзауэ00:00:37
00:00:37
ди эрэм ипэ 537 гъэм Персием и пащтыхь Кир 00:00:41
00:00:41
Ерусалим дэт Иеговэ и унэшхуэр яухуэжыну00:00:44
00:00:44
унафэ къыщыдигъэкІам нэс.00:00:46
00:00:47
Япэ псалъащхьэм щыщІэдзауэ 9-м нэс 00:00:49
00:00:49
Сэлмэн пащтыхьу щыщыта зэманым топсэлъыхьыж.00:00:52
00:00:52
Япэ псалъащхьэр топсэлъыхьыж лъэпкъым захуагъэ хэлъу хьэкум ятрищІыхьын щхьэкІэ00:00:57
00:00:57
Иеговэ Сэлмэн Іущагъышхуэ зэрыритым.00:01:00
00:01:00
2-нэ псалъащхьэм щыщІэдзауэ 7-нэм нэс00:01:02
00:01:02
Сэлмэн Иеговэ и унэшхуэр зэриухуа щІыкІэм,00:01:05
00:01:05
и кІуэцІым щІэтын хуейхэр зыригъэхьэзырам00:01:07
00:01:07
икІи ар Иеговэ къызэрыхузэІуихам топсэлъыхьыж.00:01:11
00:01:11
9-нэ псалъащхьэм Шевэм и пащтыхь гуащэр
Сэлмэн деж къызэрыкІуам00:01:16
00:01:16
икІи абы бгэдэлъ Іущагъыр 00:01:17
00:01:17
икъукІэ зэригъэщІэгъуар итщ.00:01:19
00:01:19
Илъэс 40-кІэ Сэлмэн тепщэныгъэр иІыгъа иужь,00:01:22
00:01:22
абы и къуэ Ровоам пащтыхь мэхъу.00:01:24
00:01:25
КъыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм
лъэпкъипщІым зыкъаІэт,00:01:28
00:01:28
Ровоам пэщІоувэри, ищхъэрэ пащтыхьыгъуэ
жыхуаІэр къызэрагъэпэщ.00:01:32
00:01:33
17-нэм щыщІэдзауэ 20-нэм нэс
пащтыхь Иосафат топсэлъыхь.00:01:37
00:01:37
Абы Иеговэ игу ирихь Іуэхухэр ищІэт00:01:40
00:01:40
икІи цІыхухэр Алыхьым и унафэм
хурагъэджэн щхьэкІэ00:01:43
00:01:43
пщыхэмрэ левитхэмрэ яхуигъакІуэт.00:01:45
00:01:45
20-нэ псалъащхьэм Иосафат Иеговэ
къыдэІэпыкъуну йолъэІу 00:01:49
00:01:50
Аммон, Моав цІыхухэр, Сеир бгыхэм щыпсэухэр00:01:53
00:01:53
абы къызэрытеуам щхьэкІэ.00:01:55
00:01:56
Иеговэ абы и тхьэлъэІур зэхехри,00:01:58
00:01:58
къыпэщІэувауэ хъуар зэрегъэукІыж.00:02:00
00:02:02
22-нэ псалъащхьэм пащтыхь гуащэ Аталие бзаджэм 00:02:06
00:02:06
Иудэ лъэпкъым щыщу пащтыхь хъуну
къызытехуэу хъуар еукІ00:02:10
00:02:10
Иоас фІэкІ къэмынэу.00:02:12
00:02:12
Дин пашэшхуэ Иодайрэ абы и щхьэгъусэ Иохашевэрэ00:02:16
00:02:16
Иоас кърагъэл.00:02:17
00:02:18
23-нэ, 24-нэ псалъащхьэхэм илъэсибл хъу
Иоас пащтыхь мэхъу.00:02:24
00:02:24
Аталие яукІ.00:02:26
00:02:26
Дин пашэшхуэ Иодай щапхъэфІ
къызэрыхуэхъум къыхэкІкІэ,00:02:30
00:02:30
Иоас Иеговэ игу ирихь Іуэхухэр ещІэ00:02:33
00:02:33
икІи Алыхьым и унэшхуэр еухуэж.00:02:36
00:02:37
Ауэ Иодай лІа иужь,00:02:39
00:02:39
Иоас Иеговэ хуэлэжьэныр къегъанэ.00:02:42
00:02:42
Иоас и Іуэху мыхъумыщІэхэр00:02:44
00:02:44
Иодай и къуэм къыщІигъэща нэужь,00:02:46
00:02:46
абы унафэ ещІ ар яукІыну.00:02:48
00:02:49
26-нэ псалъащхьэм Уззия пащтыхь зэрыхъур итщ.00:02:52
00:02:52
ЯпэщІыкІэ абы Иеговэ игу ирихьыращ илэжьыр.00:02:55
00:02:55
Ауэ иужькІэ ар пагэ мэхъу.00:02:57
00:02:58
Абы Алыхьым и унэшхуэм00:02:59
00:02:59
фимиамыр щигъэсыну иужь йохьэ,00:03:01
00:03:02
ар дин пашэхэм нэмыщІ00:03:03
00:03:03
нэгъуэщІым зыми игъэс зэрымыхъунур ищІэ пэтми.00:03:06
00:03:06
Абы щхьэкІэ Иеговэ абы уэшын уз кърегъэуалІэ.00:03:09
00:03:09
29-нэ псалъащхьэм къыщыщІэдзауэ 32-нэм нэс пащтыхь Езекие топсэлъыхь.00:03:14
00:03:15
Ар и гъащІэ псокІэ Иеговэ псэемыблэжу хуэлэжьащ,00:03:17
00:03:17
лъэпкъри абы хуигъэушащ.00:03:19
00:03:19
Ар щытепщэ зэманым Ассирием и пащтыхь Синаххериб Иудэм тоуэ,00:03:24
00:03:24
Ерусалим къалэр къизэун и гугъэу. 00:03:26
00:03:26
Ауэ Иеговэ и мелыІычым
абыхэм я зауэлІ хахуэхэр,00:03:30
00:03:30
пашэхэр икІи нэхъыщхьэхэр псори зэтреукІэ.00:03:34
00:03:34
33-нэ псалъащхьэр илъэс 55-кІэ00:03:37
00:03:37
Манассие пащтыхьу зэрыщытам топсэлъыхь.00:03:40
00:03:40
Абы Иеговэ илъагъу мыхъу Іуэху куэд илэжьащ.00:03:44
00:03:45
ФщІэуэ пІэрэ фэ?00:03:47
00:03:47
Манассие ищІам хущІегъуэжами,00:03:49
00:03:49
абы ищІам и зэранкІэ00:03:51
00:03:51
иудэ цІыхухэм мыхъумыщІагъэ ящІэу хъуащ00:03:53
00:03:53
икІи я щІыбыр Иеговэ хуагъэзащ.00:03:56
00:03:56
ИкІэм-икІэжым ахэр гъэрыпІэм ихуащ.00:03:58
00:03:59
34-нэ, 35-нэ псалъащхьэхэр00:04:01
00:04:01
Иосие и тепщэгъуэ зэманым топсэлъыхьыж.00:04:04
00:04:04
Илъэсий щыхъум ар пащтыхьу трагъэувэ00:04:06
00:04:06
икІи и гъащІэ псокІэ лъэпкъыр Алыхьым
пэжу хуэлэжьэн щхьэкІэ00:04:10
00:04:10
абы къаруушхуэ ирехьэлІэ.00:04:11
00:04:12
Иосие тхьэнэпцІхэр игъэкІуэдын щхьэкІэ00:04:14
00:04:14
хузэфІэкІ къигъанэкъым.00:04:15
00:04:16
36-нэ псалъащхьэм Иудэм и иужьрей
пащтыхьиплІым и гугъу ещІ:00:04:21
00:04:21
Иоахаз, Иоаким, Иехоние, Седекие сымэ.00:04:26
00:04:26
ПлІыри Алыхьым и хабзэхэм тетакъым.00:04:29
00:04:29
Абыхэм япэ тепщэныгъэр зыІыгъа пащтыхьхэр 00:04:32
00:04:32
Иеговэ и деж цІыхухэр кърашэлІэжыну хэтами,00:04:35
00:04:35
иудейхэм я нэхъыбэр тхьэнэпцІхэм хуэлажьэт.00:04:38
00:04:38
Аращ Иеговэ бабилэн цІыхухэр абыхэм ятеуэу,00:04:41
00:04:41
Ерусалим къазэуну хуит щІищІар.00:04:43
00:04:43
Бабилэн цІыхухэм къалэр зэтракъутэри,00:04:45
00:04:46
абы щыпсэуахэр гъэрыпІэм яшащ.00:04:48
00:04:48
2 Летопись тхылъым и кІэм00:04:50
00:04:50
Ездрэ къыкІэлъыкІуэ илъэс 70-м,00:04:52
00:04:52
Персием и пащтыхь Кир тепщэн щІидзэху,00:04:54
00:04:54
къэхъуа Іуэхугъуэхэм топсэлъыхьыж.00:04:56
00:04:56
Кир унафэ къыдегъэкІ
журтхэр яутІыпщыжыну00:04:59
00:04:59
икІи Ерусалим дэт Иеговэ и унэшхуэр00:05:02
00:05:02
абыхэм яухуэжыну хуит ещІ.00:05:04
00:05:05
2 Летопись тхылъым фыщеджэкІэ гу лъыфтэ00:05:07
00:05:08
пащтыхьхэм ягъэлъэгъуа щапхъэфІхэмрэ
щапхъэ Іейхэмрэ,00:05:11
00:05:11
пащтыхь жыІэдаІуэхэм Иеговэ и нэфІ
ящыхуэу зэрыщытам00:05:15
00:05:15
икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм
и Пащтыхьу щытынур 00:05:18
00:05:18
къызытехъукІыну Даут и щІэблэр
Иеговэ зэрихъумам.00:05:22
Вторая Летопись тхылъым ущызыгъэгъуазэ
-
Вторая Летопись тхылъым ущызыгъэгъуазэ
2 Летопись тхылъым ущызыгъэгъуазэ.
1 Летописьмрэ 2 Летописьмрэ
япэм зы тхылъу щытащ.
Ауэ иужькІэ тІууэ ягуэшащ.
Ар зытхар Мусэ и Хабзэр къизытхыкІыжу щыта
Хьэрун и лъэпкъым къыхэкІа дин пашэ Ездрэщ.
Абы ар тхын иухащ ди эрэм ипэ
хуэгъэфэщауэ 460 гъэм.
Ар нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр
Иудэ Пащтыхьыгъуэращ.
2 Летопись тхылъым илъэс 500-м къриубыдэу
къэхъуа Іуэхугъуэхэр къеІуэтэж.
Ди эрэм ипэ 1037 гъэм Сэлмэн пащтыхь
щыхъуам къыщыщІэдзауэ
ди эрэм ипэ 537 гъэм Персием и пащтыхь Кир
Ерусалим дэт Иеговэ и унэшхуэр яухуэжыну
унафэ къыщыдигъэкІам нэс.
Япэ псалъащхьэм щыщІэдзауэ 9-м нэс
Сэлмэн пащтыхьу щыщыта зэманым топсэлъыхьыж.
Япэ псалъащхьэр топсэлъыхьыж лъэпкъым захуагъэ хэлъу хьэкум ятрищІыхьын щхьэкІэ
Иеговэ Сэлмэн Іущагъышхуэ зэрыритым.
2-нэ псалъащхьэм щыщІэдзауэ 7-нэм нэс
Сэлмэн Иеговэ и унэшхуэр зэриухуа щІыкІэм,
и кІуэцІым щІэтын хуейхэр зыригъэхьэзырам
икІи ар Иеговэ къызэрыхузэІуихам топсэлъыхьыж.
9-нэ псалъащхьэм Шевэм и пащтыхь гуащэр
Сэлмэн деж къызэрыкІуам
икІи абы бгэдэлъ Іущагъыр
икъукІэ зэригъэщІэгъуар итщ.
Илъэс 40-кІэ Сэлмэн тепщэныгъэр иІыгъа иужь,
абы и къуэ Ровоам пащтыхь мэхъу.
КъыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм
лъэпкъипщІым зыкъаІэт,
Ровоам пэщІоувэри, ищхъэрэ пащтыхьыгъуэ
жыхуаІэр къызэрагъэпэщ.
17-нэм щыщІэдзауэ 20-нэм нэс
пащтыхь Иосафат топсэлъыхь.
Абы Иеговэ игу ирихь Іуэхухэр ищІэт
икІи цІыхухэр Алыхьым и унафэм
хурагъэджэн щхьэкІэ
пщыхэмрэ левитхэмрэ яхуигъакІуэт.
20-нэ псалъащхьэм Иосафат Иеговэ
къыдэІэпыкъуну йолъэІу
Аммон, Моав цІыхухэр, Сеир бгыхэм щыпсэухэр
абы къызэрытеуам щхьэкІэ.
Иеговэ абы и тхьэлъэІур зэхехри,
къыпэщІэувауэ хъуар зэрегъэукІыж.
22-нэ псалъащхьэм пащтыхь гуащэ Аталие бзаджэм
Иудэ лъэпкъым щыщу пащтыхь хъуну
къызытехуэу хъуар еукІ
Иоас фІэкІ къэмынэу.
Дин пашэшхуэ Иодайрэ абы и щхьэгъусэ Иохашевэрэ
Иоас кърагъэл.
23-нэ, 24-нэ псалъащхьэхэм илъэсибл хъу
Иоас пащтыхь мэхъу.
Аталие яукІ.
Дин пашэшхуэ Иодай щапхъэфІ
къызэрыхуэхъум къыхэкІкІэ,
Иоас Иеговэ игу ирихь Іуэхухэр ещІэ
икІи Алыхьым и унэшхуэр еухуэж.
Ауэ Иодай лІа иужь,
Иоас Иеговэ хуэлэжьэныр къегъанэ.
Иоас и Іуэху мыхъумыщІэхэр
Иодай и къуэм къыщІигъэща нэужь,
абы унафэ ещІ ар яукІыну.
26-нэ псалъащхьэм Уззия пащтыхь зэрыхъур итщ.
ЯпэщІыкІэ абы Иеговэ игу ирихьыращ илэжьыр.
Ауэ иужькІэ ар пагэ мэхъу.
Абы Алыхьым и унэшхуэм
фимиамыр щигъэсыну иужь йохьэ,
ар дин пашэхэм нэмыщІ
нэгъуэщІым зыми игъэс зэрымыхъунур ищІэ пэтми.
Абы щхьэкІэ Иеговэ абы уэшын уз кърегъэуалІэ.
29-нэ псалъащхьэм къыщыщІэдзауэ 32-нэм нэс пащтыхь Езекие топсэлъыхь.
Ар и гъащІэ<i> </i>псокІэ Иеговэ псэемыблэжу хуэлэжьащ,
лъэпкъри абы хуигъэушащ.
Ар щытепщэ зэманым Ассирием и пащтыхь Синаххериб Иудэм тоуэ,
Ерусалим къалэр къизэун и гугъэу.
Ауэ Иеговэ и мелыІычым
абыхэм я зауэлІ хахуэхэр,
пашэхэр икІи нэхъыщхьэхэр псори зэтреукІэ.
33-нэ псалъащхьэр илъэс 55-кІэ
Манассие пащтыхьу зэрыщытам топсэлъыхь.
Абы Иеговэ илъагъу мыхъу Іуэху куэд илэжьащ.
ФщІэуэ пІэрэ фэ?
Манассие ищІам хущІегъуэжами,
абы ищІам и зэранкІэ
иудэ цІыхухэм мыхъумыщІагъэ ящІэу хъуащ
икІи я щІыбыр Иеговэ хуагъэзащ.
ИкІэм-икІэжым ахэр гъэрыпІэм ихуащ.
34-нэ, 35-нэ псалъащхьэхэр
Иосие и тепщэгъуэ зэманым топсэлъыхьыж.
Илъэсий щыхъум ар пащтыхьу трагъэувэ
икІи и гъащІэ псокІэ лъэпкъыр Алыхьым
пэжу хуэлэжьэн щхьэкІэ
абы къаруушхуэ ирехьэлІэ.
Иосие тхьэнэпцІхэр игъэкІуэдын щхьэкІэ
хузэфІэкІ къигъанэкъым.
36-нэ псалъащхьэм Иудэм и иужьрей
пащтыхьиплІым и гугъу ещІ:
Иоахаз, Иоаким, Иехоние, Седекие сымэ.
ПлІыри Алыхьым и хабзэхэм тетакъым.
Абыхэм япэ тепщэныгъэр зыІыгъа пащтыхьхэр
Иеговэ и деж цІыхухэр кърашэлІэжыну хэтами,
иудейхэм я нэхъыбэр тхьэнэпцІхэм хуэлажьэт.
Аращ Иеговэ бабилэн цІыхухэр абыхэм ятеуэу,
Ерусалим къазэуну хуит щІищІар.
Бабилэн цІыхухэм къалэр зэтракъутэри,
абы щыпсэуахэр гъэрыпІэм яшащ.
2 Летопись тхылъым и кІэм
Ездрэ къыкІэлъыкІуэ илъэс 70-м,
Персием и пащтыхь Кир тепщэн щІидзэху,
къэхъуа Іуэхугъуэхэм топсэлъыхьыж.
Кир унафэ къыдегъэкІ
журтхэр яутІыпщыжыну
икІи Ерусалим дэт Иеговэ и унэшхуэр
абыхэм яухуэжыну хуит ещІ.
2 Летопись тхылъым фыщеджэкІэ гу лъыфтэ
пащтыхьхэм ягъэлъэгъуа щапхъэфІхэмрэ
щапхъэ Іейхэмрэ,
пащтыхь жыІэдаІуэхэм Иеговэ и нэфІ
ящыхуэу зэрыщытам
икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм
и Пащтыхьу щытынур
къызытехъукІыну Даут и щІэблэр
Иеговэ зэрихъумам.
-