JW subtitle extractor

Ездра тхылъым ущызыгъэгъуазэ

Video Other languages Share text Share link Show times

«Ездра» тхылъым ущызыгъэгъуазэ.
Мы тхылъыр зытхар
Хьэрун и лъэпкъым къытехъукІа
дин пашэ Ездрэщ.
Абы фІэщхъуныгъэ быдэ иІэт
икІи Тхыгъэ ЛъапІэр куууэ иджт.
Ездрэ дин пашэу зэрыщытым къыхэкІкІэ,
цІыхухэр Алыхьым и Псалъэм
хуригъэджэн хуейт.
Иджыри абы Мусэ и Хабзэр
Іэзэу къритхыкІыжт.
Ар икъукІэ узэгугъун хуей лэжьыгъэт,
куэдым гу лъыптэн хуейт.
Ездрэ мыбы ипэ итха 2 Летопись тхылъым
къыщиІуэтэжа Іуэхугъуэхэм
занщІэу пещэри,
журтхэр Бабилэным гъэру яша нэужь,
къэхъуа Іуэхугъуэхэм топсэлъыхьыж.
Мы тхылъыр абы итхащ
ди эрэм ипэ хуэгъэфэщауэ
460 гъэм Ерусалим щыІэу.
ФщІэуэ пІэрэ фэ?
Ездрэ итха тхылъымрэ
Неемие итха тхылъымрэ
япэщІыкІэ зы свитокыу щытащ.
ИужькІэ а свитокыр тхылъитІу ягуэшащ.
«Ездра» тхылъыр псалъащхьэу 10 мэхъу.
Япэм щыщІэдзауэ 6-нэм нэс
Иудэ лъэпкъым щыщ гуп цІыкІум
Ерусалим зэригъэзэжам топсэлъыхьыж.
Ди эрэм ипэ 537 гъэм
илъэс 70-кІэ нэщІу щыта я хэкум
абыхэм ягъэзэжри, къурмэнщІыпІэр яухуэж
икІи шэтырхэр щагъэув
махуэшхуэр ягъэлъапІэ.
КъыкІэлъыкІуэ илъэсым
Алыхьым и унэшхуэм
и лъабжьэр ягъэтІылъ,
икІи бийхэм лэжьыгъэр
зэман гуэркІэ къагъэувыІэну
яхузэфІэкІами,
ди эрэм ипэ 515 гъэм
Алыхьым и унэшхуэр яухуэн яух.
7-нэ псалъащхьэм щыщІэдзауэ 10-нэм нэс
илъэс 50 хуэдизкІэ мэІэбэри,
ди эрэм ипэ 468 гъэм
Ездрэ Ерусалим кІуэну
шынагъэ зыпылъ гъуэгу
зэрытеувам топсэлъыхьыж.
Абы нэса нэужь,
Иудэ лъэпкъым
гуэныхь хьэлъэ ищІэхэр щилъагъум,
ар абы и гум хуабжьу щІохьэ.
Ездрэ лъэпкъым щхьэкІэ Иеговэ йолъэІу
икІи Алыхьым я гуэныхьхэр къахуигъэгъун щхьэкІэ
ящІэн хуейр къагурегъаІуэ.
«Ездра» тхылъым фыщеджэкІэ гу лъыфтэ,
Иеговэ къызэригъэгугъам хуэдэу,
и лъэпкъыр Бабилэн
гъэрыпІэм къызэрыришыжым
икІи Ерусалим дин пэжыр
зэрыщызэтригъэувэжым.
Мыхьэнэшхуэ зиІэ а Іуэхугъуэхэм
Мэссихь къызэрыкІуэнум хуашэт.