JW subtitle extractor

Неемия тхылъым ущызыгъэгъуазэ

Video Other languages Share text Share link Show times

Неемия тхылъым ущызыгъэгъуазэ.
Неемие фІэщхъуныгъэ быдэ
зиІэ иудей цІыхухъут.
Абы Сузы къалэм пщІэ зыпылъ
къалэн щигъэзащІэт:
ар Персием и пащтыхь Артаксеркс
и фадэзехьэхэм я нэхъыщхьэу щытт.
Неемие а тхылъыр щитхар
ди эрэм ипэ 443 гъэм иужьщ.
Ар щитхар Ерусалимщ
икІи Ездрэ зытепсэлъыхьа
Іуэхугъуэхэм иужь
илъэс 12 дэкІауэ къэхъуам пещэ.
Тхылъыр псалъащхьэу 13 мэхъу
икІи 456-нэ гъэм къыщыщІэдзауэ
хуэгъэфэщауэ 443-нэ гъэм нэс
къэхъуам топсэлъыхьыж.
Ауэ япэ псалъащхьэ 12
зытепсэлъыхьыжыр
къыщыхъуар япэ илъэсыращ.
А илъэсым и кІэм
япэ, 2-нэ едзыгъуэхэр
зытепсэлъыхьыж Іуэхугъуэхэм
къэхъун щІадзэ.
Ерусалим къикІа цІыхухэм Неемие жраІэж
къалэм и блынхэмрэ и куэбжэхэмрэ
зэхэкъутауэ зэрыщытыр.
Неемие абы теухуауэ
лъэІукІэ Иеговэ зыхуегъазэ.
А лъэІум и жэуапу
Персием и пащтыхьым
Неемие Ерусалим и
Іэтащхьэу трегъэувэ,
блынхэри дрищІеижыну
хуитыныгъэ ирет.
Ерусалим къызэрысу,
Неемие къалэм и блынхэр къызэпеплъыхь.
ИужькІэ лъэпкъыр зэхуешэсри,
блынхэр зэтрагъэувэжыну
псори къыхуреджэ.
Ерусалим яухуэжыну къыдагъэкІа
унафэм къигъэлъэгъуащ
Данил жыхуиІа тхьэмахуэ 70-кІэ
е илъэс 490-кІэ екІуэкІын хуей
зэманым зэрыщІидзар.
69-нэ тхьэмахуэм и кІэм
Мэссихьыр къэкІуэн хуейт.
3-нэ псалъащхьэм щыщІэдзауэ
6-нэм нэс топсэлъыхьыж
бийхэр зэран къазэрыхуэхъум
емылъытауэ,
къалэм и блынхэмрэ и куэбжэхэмрэ
къэмыувыІэу зэращІыжым.
ФщІэуэ пІэрэ фэ?
Ухуэжын лэжьыгъэм цІыхухъуи
цІыхубз куэди хэтащ.
Ерусалимым и блыныр къекІуэкІыу
махуэ 52-м и кІуэцІкІэ
зэтрагъэувэжыфащ.
7-нэ псалъащхьэм къыщыщІэдзауэ
12-нэм нэс къыщыгъэлъэгъуащ
Иеговэ пэжу хуэлэжьэн щІадзэжыну
Неемиерэ Ездрэрэ
лъэпкъым зэрыдэІэпыкъуар.
Мусэ и Хабзэм къызэреджэм
икІи абы къикІыр зэрыжаІэм едэІуэну
цІыхухэр зэхуэсащ.
ИужькІэ шэтырхэр щагъэув
махуэшхуэр ягъэлъэпІащ.
Абы иужь къалэм и блынхэр
зэрызэтрагъэувэжар ягъэлъэпІащ.
Неемие Ерусалим
илъэс 12-кІэ щытепщащ.
ИужькІэ абы пащтыхь
Артаксеркс и деж игъэзэжащ.
13-нэ псалъащхьэр топсэлъыхьыж
Неемие иджыри зэ Ерусалим зэрыкІуам.
Ауэ абы къилъэгъуащ иудейхэм
Иеговэ ирата псалъэхэр
зэрамыІыгъыжар.
Псори игъэзэкІуэжын щхьэкІэ,
Неемие хузэфІэкІ къигъэнакъым.
Мы тхылъым фыщеджэкІэ
гу лъыфтэ,
Персием и пащтыхьыр къигъэсэбэпу,
Иеговэ и мурадыр зэригъэзэщІам,
Неемие Иеговэ и хабзэм
фІыуэ хищІыкІыу зэрыщытамрэ
лъэпкъым зэрыдэІэпыкъуамрэ
фІыгъуэ куэд къызэрыпэкІуам
икІи Ерусалим блынхэр
зэрызэтрэгъэувэжам
Мэссихьыр къыщыкІуэн
хуей зэманым теухуауэ
Данил жиІар нэхъыфІу
къызэрыдгуригъаІуэм.