JW subtitle extractor

Эсфирь тхылъым ущызыгъэгъуазэ

Video Other languages Share text Share link Show times

Эсфирь тхылъым ущызыгъэгъуазэ.
Мы тхылъыр
цІыхубзыцІэ зезыхьэ
тхылъитІым щыщу 2-нэщ.
Абы нэхъыбэу зи гугъу ищІыр
журт лъэпкъым щыщу
Эсфирь зи цІэ цІыхубзыращ.
Эсфирь и хъыбарыр
зытхыжауэ къыщІэкІынур
абы и адэ къуэшым и къуэ Мардохейщ.
Эсфирь и адэ-анэр щылІам,
ар Мардохей ипІыжащ.
Эсфирьрэ Мардохейрэ
Персием и пащтыхь Ахашверош
и лъабжьэ щІэтт.
Ахэр щыпсэур Сузы къалэрат.
А къалэр Персие Пащтыхьыгъуэм
и куркупсэм итт.
А пащтыхьыгъуэм Индием щыщІэдзауэ
Эфиопием нэс зиубгъуат.
Эсфирь тхылъыр ди эрэм
ипэ 493 гъэм щыщІэдзауэ
къэхъуа Іуэхугъуэхэм топсэлъыхьыж.
Ар щатхар хуэгъэфэщауэ
ди эрэм ипэ 475 гъэращ
Ездрэрэ Неемиерэ я тхылъхэр ямытх щІыкІэ.
Эсфирь щыпсэуа зэманым
иудейхэм щыщу языныкъуэхэм
Алыхьым и унэшхуэр яухуэжын щхьэкІэ
Ерусалим ягъэзэжат.
Ауэ лъэпкъым и нэхъыбапІэр
зэбгырыдзауэ Персием щыпсэут.
Эсфирь тхылъыр псалъащхьэу 10 мэхъу.
Япэ псалъащхьитІыр топсэлъыхьыж
пащтыхьым нэгъуэщІ пащтыхь гуащэ
Персие псом къызэрыщилъыхъуам.
Абы Эсфирь къыхихащ.
3-нэ псалъащхьэм щыщІэдзауэ
7-нэм нэс топсэлъыхьыж
Алыхьым и лъэпкъым и бийуэ щыт
къулыкъушхуэ зэзыгъэгъуэта Аман
иудейхэр псори зэтриукІэну
мурад зэрищІам.
Аман пащтыхьым и Іэлъыныр къегъэсэбэпри,
иудейуэ хъуар, Мардохей абыхэм яхэту,
яукІын хуейуэ унафэ къыдегъэкІ.
А мурад бзаджэр абы къехъулІауэ щытамэ,
Мэссихьыр къызыхэкІын
хуей лъэпкъ къудамэр
зэпыуда хъунут.
Ауэ Эсфирь абы теухуауэ зэхиха нэужь,
Мардохей и чэнджэщым тету,
пащтыхь Ахашверош
и пащхьэ иувэну мурад ещІ.
ФщІэуэ пІэрэ фэ?
Къемыджауэ пащтыхьым и деж
къакІуэ дэтхэнэ зы цІыхури
яукІынкІэ шынагъэ щыІэт.
Ауэ а цІыхур къелыфынут,
пащтыхьым и дыщэ башыр
абы къыхуишийуэ щытмэ.
Эсфирь лІыгъэ хэлъу
пащтыхьым и пащхьэ иуващ
икІи Аман и мурад бзаджэр
къыщІигъэщащ.
Ар щызэхихым
пащтыхьыр апхуэдизкІэ къэгубжьати,
Аман щхьэпылъэ иригъэщІащ.
8-нэ псалъащхьэм щыщІэдзауэ
10-нэм нэс топсэлъыхьыж
Аман и увыпІэ лъагэр
Мардохей зэрыратам.
Эсфирьрэ Мардохейрэ
пащтыхьым и цІэкІэ
унафэщІэ къыдагъэкІри,
абы и мыхъур Іэлъыныр трагъэуэжащ.
А унафэм журт лъэпкъыр хуит ищІт
бийхэр къащытеуэкІэ захъумэжыну.
Пащтыхьыгъуэм щыпсэухэм псоми
а унафэр Іэрагъэхьащ.
Иеговэ иудейхэм
текІуэныгъэшхуэ яритащ
икІи Мэссихьыр къызыхэкІын хуей
лъэпкъ къудамэр ихъумащ.
Эсфирь тхылъым фыщеджэкІэ гу лъыфтэ
Мардохейрэ Эсфирьрэ
персхэм я хабзэр къагъэсэбэпу
иудейхэр зэрахъумам,
сыт къэмыхъуами Иеговэ
и лъэпкъым зэрыдэІэпыкъум
икІи Эсфирь, и ныбжьымрэ и гъащІэр
фІэкІуэдыну шынагъэ
зэрыщыІэмрэ емылъытауэ,
Алыхьым и лъэпкъымрэ
Мэссихьыр къызыхэкІын хуей
лъэпкъ къудамэмрэ зэрихъумам.