Псалом тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Video
Other languages
Share text
Share link
Show times
Hide times
00:00:03
Псалом тхылъым ущызыгъэгъуазэ.00:00:05
00:00:09
Псалом тхылъыр уэрэд
лъапІэкІэ зэхэлъ тхылъщ.00:00:11
00:00:12
Ахэр Алыхь пэж Иеговэ щыхуэлажьэкІэ00:00:15
00:00:15
икІи абы щытхъу къыщыхуахькІэ
къагъэсэбэпт.00:00:18
00:00:19
Алыхьым и цІэ «Иеговэ»-м00:00:21
00:00:21
е «Йах» жаІэу00:00:23
00:00:23
гъэкІэщІауэ ар къыщахьри хэту00:00:25
00:00:25
мы тхылъым 800 хуэдизрэ ущрохьэлІэ.00:00:28
00:00:31
Псалом тхылъыр илъэс
мин хуэдизкІэ ятхащ.00:00:34
00:00:36
ЗэрабжымкІэ, Псаломыр япэу тхын
щІэзыдзар Мусэщ.00:00:39
00:00:40
Псалом тхылъыр зэхэзылъхьэжауэ 00:00:42
00:00:42
къыщІэкІынур Ездрэщ00:00:43
00:00:43
икІи ар абы щищІар00:00:45
00:00:45
журтхэр Бабилэн гъэрыпІэм къикІыжу00:00:47
00:00:47
Ерусалим ягъэзэжа иужьщ.00:00:49
00:00:50
Иеговэ хуигъэушащ Сэлмэн,00:00:53
00:00:53
Корей и къуэхэр,00:00:54
00:00:54
Асаф къытехъукІахэр, нэгъуэщІхэри, 00:00:56
00:00:56
фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ
зыщІ уэрэдхэм щыщу00:00:59
00:00:59
языныкъуэхэр ятхыну.00:01:00
00:01:00
Ауэ, зэрабжымкІэ, 00:01:01
00:01:01
абыхэм щыщу и нэхъыбэр зытхар Даутщ.00:01:04
00:01:05
Псалом куэдым лъабжьэ хуэхъуар00:01:07
00:01:07
Даут и гъащІэм къыщыхъуа
Іуэхугъуэхэращ.00:01:09
00:01:12
Псалъащхьэ куэдым тетщ00:01:13
00:01:14
ар зытхамрэ нэгъуэщІ
информацие гуэррэ.00:01:16
00:01:21
Мы тхылъыр Псалом 150 зэхэлъщ.00:01:24
00:01:24
Ар Библием итхэм щыщу00:01:26
00:01:26
тхылъ нэхъ ин дыдэщ.00:01:27
00:01:29
Псаломхэр Іыхьитхуу00:01:30
00:01:30
е тхылъитхуу гуэшауэ щытащ.00:01:33
00:01:33
Мы уэрэдхэм темэ зыбжанэ
къыщыІэтащ.00:01:36
00:01:37
Абыхэм щыщу 3 зэпкърытхынщ.00:01:39
00:01:41
Япэ темэр: 00:01:41
00:01:42
Иеговэ щытхъу
къыхуэпхьыну зэрыхуэфащэр.00:01:44
00:01:44
Уэрэд куэдым Иеговэ щагъэлъапІэ,00:01:46
00:01:47
абы и лъэпкъыр
къызэрыригъэлым щхьэкІэ.00:01:49
00:01:49
НэгъуэщІ уэрэдхэм
Иеговэ щагъэлъапІэ,00:01:51
00:01:51
абы и ІэдакъэщІэкІхэм щхьэкІэ.00:01:53
00:01:53
Псалъэм папщІэ,00:01:54
00:01:54
гъэщІэгъуэныщэу зэхэлъ00:01:55
00:01:55
цІыхум и Іэпкълъэпкъым,00:01:56
00:01:57
ЩІым, тенджызхэм щхьэкІэ.00:01:59
00:02:00
83-нэ Псаломым къыхегъэщ00:02:02
00:02:02
Иеговэ фІэкІа нэгъуэщІ зыри00:02:04
00:02:04
ди щхьэщыгум зэримытыр.00:02:05
00:02:06
2-нэ темэр:00:02:07
00:02:07
Иеговэ фІыуэ къэзылъагъу
дэтхэнэми доІэпыкъу00:02:10
00:02:10
икІи абыхэм гупсэхугъуэ ярет.00:02:12
00:02:13
Иеговэ тхьэлъэІум йодаІуэ00:02:15
00:02:15
икІи ар гущІэгъу зыхэлъ Адэщ.00:02:17
00:02:17
Абы зи гуэныхьым хущІегъуэжым00:02:19
00:02:19
хуигъэгъуну хьэзырщ.00:02:21
00:02:21
23-нэ Псаломым зэритымкІэ,00:02:23
00:02:24
Иеговэ лъагъуныгъэ
зыхэлъ Мэлыхъуэщ.00:02:26
00:02:26
Абы и лъэпкъым и нэІэ тригъэтщ,00:02:29
00:02:29
къыщхьэщож икІи ар еунэтІ.00:02:31
00:02:31
3-нэ темэр:00:02:32
00:02:32
Иеговэ и Пащтыхьыгъуэр къигъэсэбэпу00:02:35
00:02:35
щІылъэр жэнэт ищІыжынущ.00:02:37
00:02:39
А Пащтыхьыгъуэм Іейм кІэ иритынурэ,00:02:42
00:02:42
дуней псор мамыр ищІыжынущ.00:02:44
00:02:45
Языныкъуэ Псаломхэр гуп-гупурэ зэхэтщ.00:02:47
00:02:47
Псалъэм папщІэ, 00:02:48
00:02:49
113-нэм щыщІэдзауэ00:02:50
00:02:50
118-нэм нэс зы гуп мэхъу.00:02:53
00:02:53
ИкІи а гупым «Халел Псаломхэр» жиІэу йоджэ. 00:02:56
00:02:57
ФщІэуэ пІэрэ фэ?00:02:58
00:02:59
Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр
ягъэлъэпІа нэужь,00:03:01
00:03:02
Хьисэрэ абы и гъэсэнхэмрэ 00:03:03
00:03:03
а уэрэдхэр жаІауэ къыщІэкІынущ.00:03:05
00:03:07
120-нэм щыщІэдзауэ00:03:09
00:03:09
134-нэм нэс00:03:10
00:03:11
«бгым щыдэкІуейкІэ жаІэ
уэрэдкІэ» йоджэ.00:03:13
00:03:13
ЗэрабжымкІэ, журтхэм
илъэс къэс екІуэкІ00:03:16
00:03:16
махуэшхуищыр ягъэлъэпІэн щхьэкІэ00:03:18
00:03:18
Ерусалим щыдэкІуейм щыгъуэ00:03:20
00:03:20
мы уэрэдхэр жаІэт.00:03:21
00:03:23
Иужьрей псалъащхьитхури
зы гупым хохьэ.00:03:25
00:03:26
Ахэр «Йах вгъэлъапІэ»00:03:27
00:03:27
жыхуиІэ псалъэхэмкІэ щІедзэ00:03:29
00:03:29
икІи еух.00:03:30
00:03:32
ГъэщІэгъуэныращи,00:03:33
00:03:33
Псалом тхылъым Мэссихь теухуауэ 00:03:35
00:03:35
къэхъун хуей псалъэ куэд итщ.00:03:37
00:03:39
Хьиси жиІат езым теухуауэ00:03:41
00:03:41
Псалом тхылъым ит псори 00:03:42
00:03:43
гъэзэщІа зэрыхъун хуейр.00:03:44
00:03:47
Псалом тхылъым фыщеджэкІэ гу лъыфтэ00:03:49
00:03:49
а тхылъым Иеговэ
и тепщэныгъэр зэригъэлъапІэм,00:03:52
00:03:53
Иеговэ фІыуэ къэзылъагъухэм
зэрыдэІэпыкъум,00:03:55
00:03:56
абыхэм гупсэхугъуэ зэрыритым00:03:57
00:03:58
икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр
къигъэсэбэпу00:04:01
00:04:01
щІылъэр жэнэт зэрищІыжынум!00:04:03
Псалом тхылъым ущызыгъэгъуазэ
-
Псалом тхылъым ущызыгъэгъуазэ
Псалом тхылъым ущызыгъэгъуазэ.
Псалом тхылъыр уэрэд
лъапІэкІэ зэхэлъ тхылъщ.
Ахэр Алыхь пэж Иеговэ щыхуэлажьэкІэ
икІи абы щытхъу къыщыхуахькІэ
къагъэсэбэпт.
Алыхьым и цІэ «Иеговэ»-м
е «Йах» жаІэу
гъэкІэщІауэ ар къыщахьри хэту
мы тхылъым 800 хуэдизрэ ущрохьэлІэ.
Псалом тхылъыр илъэс
мин хуэдизкІэ ятхащ.
ЗэрабжымкІэ, Псаломыр япэу тхын
щІэзыдзар Мусэщ.
Псалом тхылъыр зэхэзылъхьэжауэ
къыщІэкІынур Ездрэщ
икІи ар абы щищІар
журтхэр Бабилэн гъэрыпІэм къикІыжу
Ерусалим ягъэзэжа иужьщ.
Иеговэ хуигъэушащ Сэлмэн,
Корей и къуэхэр,
Асаф къытехъукІахэр, нэгъуэщІхэри,
фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ
зыщІ уэрэдхэм щыщу
языныкъуэхэр ятхыну.
Ауэ, зэрабжымкІэ,
абыхэм щыщу и нэхъыбэр зытхар Даутщ.
Псалом куэдым лъабжьэ хуэхъуар
Даут и гъащІэм къыщыхъуа
Іуэхугъуэхэращ.
Псалъащхьэ куэдым тетщ
ар зытхамрэ нэгъуэщІ
информацие гуэррэ.
Мы тхылъыр Псалом 150 зэхэлъщ.
Ар Библием итхэм щыщу
тхылъ нэхъ ин дыдэщ.
Псаломхэр Іыхьитхуу
е тхылъитхуу гуэшауэ щытащ.
Мы уэрэдхэм темэ зыбжанэ
къыщыІэтащ.
Абыхэм щыщу 3 зэпкърытхынщ.
Япэ темэр:
Иеговэ щытхъу
къыхуэпхьыну зэрыхуэфащэр.
Уэрэд куэдым Иеговэ щагъэлъапІэ,
абы и лъэпкъыр
къызэрыригъэлым щхьэкІэ.
НэгъуэщІ уэрэдхэм
Иеговэ щагъэлъапІэ,
абы и ІэдакъэщІэкІхэм щхьэкІэ.
Псалъэм папщІэ,
гъэщІэгъуэныщэу зэхэлъ
цІыхум и Іэпкълъэпкъым,
ЩІым, тенджызхэм щхьэкІэ.
83-нэ Псаломым къыхегъэщ
Иеговэ фІэкІа нэгъуэщІ зыри
ди щхьэщыгум зэримытыр.
2-нэ темэр:
Иеговэ фІыуэ къэзылъагъу
дэтхэнэми доІэпыкъу
икІи абыхэм гупсэхугъуэ ярет.
Иеговэ тхьэлъэІум йодаІуэ
икІи ар гущІэгъу зыхэлъ Адэщ.
Абы зи гуэныхьым хущІегъуэжым
хуигъэгъуну хьэзырщ.
23-нэ Псаломым зэритымкІэ,
Иеговэ лъагъуныгъэ
зыхэлъ Мэлыхъуэщ.
Абы и лъэпкъым и нэІэ тригъэтщ,
къыщхьэщож икІи ар еунэтІ.
3-нэ темэр:
Иеговэ и Пащтыхьыгъуэр къигъэсэбэпу
щІылъэр жэнэт ищІыжынущ.
А Пащтыхьыгъуэм Іейм кІэ иритынурэ,
дуней псор мамыр ищІыжынущ.
Языныкъуэ Псаломхэр гуп-гупурэ зэхэтщ.
Псалъэм папщІэ,
113-нэм щыщІэдзауэ
118-нэм нэс зы гуп мэхъу.
ИкІи а гупым «Халел Псаломхэр» жиІэу йоджэ.
ФщІэуэ пІэрэ фэ?
Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр
ягъэлъэпІа нэужь,
Хьисэрэ абы и гъэсэнхэмрэ
а уэрэдхэр жаІауэ къыщІэкІынущ.
120-нэм щыщІэдзауэ
134-нэм нэс
«бгым щыдэкІуейкІэ жаІэ
уэрэдкІэ» йоджэ.
ЗэрабжымкІэ, журтхэм
илъэс къэс екІуэкІ
махуэшхуищыр ягъэлъэпІэн щхьэкІэ
Ерусалим щыдэкІуейм щыгъуэ
мы уэрэдхэр жаІэт.
Иужьрей псалъащхьитхури
зы гупым хохьэ.
Ахэр «Йах вгъэлъапІэ»
жыхуиІэ псалъэхэмкІэ щІедзэ
икІи еух.
ГъэщІэгъуэныращи,
Псалом тхылъым Мэссихь теухуауэ
къэхъун хуей псалъэ куэд итщ.
Хьиси жиІат езым теухуауэ
Псалом тхылъым ит псори
гъэзэщІа зэрыхъун хуейр.
Псалом тхылъым фыщеджэкІэ гу лъыфтэ
а тхылъым Иеговэ
и тепщэныгъэр зэригъэлъапІэм,
Иеговэ фІыуэ къэзылъагъухэм
зэрыдэІэпыкъум,
абыхэм гупсэхугъуэ зэрыритым
икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр
къигъэсэбэпу
щІылъэр жэнэт зэрищІыжынум!
-