JW subtitle extractor

ЛІахэр къэтэджыжынурэ, лІэныгъэм кІэ къыхуэкІуэнущ!

Video Other languages Share text Share link Show times

Диныр сэ Іеищэуи
къысфІэІуэхутэкъым.
Университетым биотехнологием
сыхуеджэти,
теория эволюции жыхуаІэр
си фІэщ хъуащ.
Сэ Библиер западнэ
культурэм пыщІа,
жьы хъуа тхылъут
къызэрысщыхъур.
Ар наукэм зы цІыкІукІи
бгъэдэмыхьэу си гугъэт.
Ауэ зэгуэр «Фыкъызэщыу»
журнал къысІэрыхьащ.
Сэ Іейуэ згъэщІэгъуат
наукэм теухуауэ абы ит статьяхэр
акъыл хэлъу зэрытхар.
Арати, мыпхуэдэ упщІэ сиІэ хъуащ:
«Мы дунейм апхуэдизу гугъуу зыхэлъ
биологическэ системэхэр
пэж дыдэу езыр-езыру
къэхутауэ пІэрэ?»
Псалъэм папщІэ,
машинэр лэжьэн щхьэкІэ,
щэ бжыгъэ хъу абы и детальхэр
псори и пІэм итын хуейщ.
А къомыр тэмэму зэдэлажьэу
умыщІмэ,
машинэр щІэнэххэнукъым.
НтІэ, ДНК, РНК белок
жыхуаІэхэр
куэдкІэ нэхъ гугъуу зэхэлъщ.
Мис абы щыгъуэ сэ
къызгурыІуэу щІэздзащ
псори езыр-езыру къызэрымыхутар.
Ар сэ къыздэІэпыкъуащ
Библиер зджын щІэздзэну.
ЩІылъэр зыми фІэмыдзауэ
зэрыщытыр
Библием илъэс 3500 ипэ
иратхауэ щытащ.
Ауэ наукэм ар къыщихутар илъэс
300 хуэдизкІэ узэІэбэкІыжмэщ.
Апхуэдэурэ Библием итыр
наукэм зэрытехуэр
нэхъыбэу къэсщІэху,
ар къызэрыгуэкІ тхылъу
зэрыщымытыр
икІи а тхылъыр къызыбгъэдэкІыр
цІыхум нэхърэ куэдкІэ
зэрынэхъ Іущыр
сэ си фІэщ хъут.
Хуэм-хуэмурэ Библием
нэхъ дзыхь хуэсщІу сыхъут
икІи Алыхьым лІахэр
къызэригъэтэджыжынум
шэч къытесхьэжтэкъым.
ГъэщІэгъуэныращи,
Алыхьыр лІахэм хуэзэшу
Библием итщ.
КъызэрыщІэкІымкІэ,
лІахэр къигъэтэджыжыну
зэрыхузэфІэкІынум нэмыщІ,
абы ар ищІэну хуабжьу хуейщ.
ЛІахэр къизэригъэтэджыжынур
си фІэщ зэрыхъум
сэ гупсэхугъуэрэ гугъапІэрэ
къызет.
СызэрыцІыкІурэ сэ члисэм сыкІуэт
икІи си фІэщ хъут
цІыхуфІхэр уафэм кІуэуэ
цІыху Іейхэр жыхьэнмэм кІуэуэ.
Иджыри сэ си фІэщ хъут
цІыхур лІа нэужь
абы и псэр нэгъуэщІыпІэ
щыпсэууэ,
и унагъуэм щыщхэм ядэІэпыкъуу,
ахэр къихъумэу.
2018 гъэм си щхьэгъусэр щылІам,
ар сэ хуабжьу къызэхьэлъэкІащ.
Зэгуэр Иеговэ и Щыхьэтхэм
ящыщ зы цІыхубз
си деж къакІуэри къызжиІащ
лІахэр щІылъэм
къызэрыщытэджыжынур.
Абы и псалъэхэм
сэ гупсэхугъуэ къызатащ.
Ауэ си фІэщ хъууэ
щытам къыхэкІкІэ,
сэ къызгурыІуэтэкъым,
си щхьэгъусэр уафэм щыІэр пэжмэ,
къыщІыздэмыІэпыкъур сытми.
Арати, шыпхъур Экклезиаст 9:5,10
къысхуеджащ.
Абы щыгъуэм сэ къызгурыІуащ
мылІэж псэ зэрыщымыІэр
икІи ди лІахэм зыри зэрызыхамыщІэр.
Шыпхъум къызгуригъэІуащ
цІыхухэр мылІэжу щІылъэм
щыпсэун щхьэкІэ,
Алыхьым къызэригъэщІар.
Библием ит пэжыр къэсщІа нэужь,
сэ къызгурыІуащ
члисэм сызыхурагъэджауэ
щытар зэрыпцІыр.
Абы къыхэкІкІэ, сэ псым
зыщІэзгъэуэну мурад сщІащ.
Иеговэ гущІэгъу, Іущагъ,
лъагъуныгъэ зыхэлъ Алыхьщ.
Апостолхэм 24:15 къыщыдощІэ
щыпкъагъэ зимыІэ нэгъунэхэри
Иеговэ къызэригъэтэджыжынур.
Аращи, сэ шэч лъэпкъ
къытесхьэкъым
ди лІахэм дазэрыхуэзэжынум.
Сэ къысхуэмыгъэсу сыпоплъэ
къэтэджыжахэм Иеговэ
къезгъэцІыхуу
абы и лэжьакІуэ хъуну
сащыдэІэпыкъуфыну зэманым.